БзукӀэплъ
БзукӀэплъ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Phoenicurus phoenicurus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр щӀымахуэр здырихыр | ||||||||||||||||
|

БзукӀэплъ (лат-бз. Phoenicurus phoenicurus) — жыкъан лъэпкъ, бзукӀэплъ лъэпкъыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Унэбзум хуэдизщ. Теплъэр зэмыфэгъу дахэщ. КӀэ плъыфыбзэр дэкъикъэ къэс еутхыпщӀ, апщыгъуэми мафӀэ бзий къыкӀэщӀих къыпщохъу. КӀэцӀыгъуэм хъум и щхьэмрэ тхыцӀэмрэ щхъуэ-фӀыцӀафэщ, натӀэхущ, дамэхэр гъуабжэщ. КӀэр, бгъэгур, ныбэ щӀагъыр, джабэр плъыжь фӀейфэщ. Жьэгъур, хулъэр, нэхэм я къэухьымрэ жьэгъу щӀагъымрэ фӀыцӀэщ. Анэхэм я теплъэр нэхъыщхьэу гъуабжэщ, кӀэр гъуэ-плъыфэщ.
Здэпсэухэмрэ шэнымрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]УэрэджыӀэрейщ — пщэдджыжьым жьы дыдэу (сэхьэтыр 2-3-м) адрей мэз бзухэм япэ къыщӀедзэри зыщиущэхужыр жэщыр хэкӀуэтауэщ.
Къэрал куэдым щыӀэщ, мэзхэм, жыг хадэхэм щопсэу. Къаукъаз бзукӀэплъхэр мэлъэтэж. Абгъуэ щащӀ жыг гъуанэхэм, мывэ зэтелъхэм, бжьыхьэкӀапэхэм, къинэмыщӀ щӀыпӀэхэм. Гъэм тӀо къыраш.
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.