БабыщыпцӀэ
БабыщыпцӀэ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Tachybaptus ruficollis Pallas, 1764 | ||||||||||||||||
|
БабыщыпцӀэ (лат-бз. Tachybaptus ruficollis) — зы лъэпкъ закъуэ нэхъ мыхъу и цӀэджэгъу хэкӀыгъуэм щыщщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къуалэбзу жьгъейщ, къешэч г. 150-м нэс. Адрей лъэпкъыгъуэхэм яхуэдэу тхьэкӀумэц кӀыхьи хьэгуауи иӀэкъым. И тхыцӀэр фӀыцӀэщ, ныбэщӀагъыр хужь-фӀейщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]БабыщыпцӀэхэр нэхъыбэу здэпсэур тропик къэралхэращ, уащыпэщӀохуэр Ипщэ, Курыт Еуропэми. ИщхъэрэкӀэ щыпсэухэм щӀымахуэр хуабапӀэхэм щырах. Ищхъэрэ Къаукъазым и псыежэх Ӏуфэхэм зэзэмызэ щылъагъу. Апхуэдэу Молэмусэ Хьэжмурат зэритхымкӀэ Бахъсэн, Тэрч псыхъуэхэм, Шыд Къурей хыкъумым гъэмахуэм, бжьыхьэм 1954, 1955 илъэсхэм щилъэгъуащ[1], ауэ щӀымахуэу япэщӀэхуакъым. Сатунин К. зэригъэувамкӀэ[2], лӀэщӀыгъуэ кӀуам ипэхэм бабыщыпцӀэр Къаукъаз КъуэкӀыпӀэм зыщӀыпӀи мылъэтэжу щыӀащ. ЗызэрирэпщкӀум папщӀэ пэщӀэхуэгъуейщ, щышхэр жэщкӀэщ. Махуэр щегъакӀуэ чыцэ Ӏувхэм.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Гулъытыгъуэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.