Джэд теплъэ хэкӀыгъуэр
Appearance
Джэд теплъэ хэкӀыгъуэр | ||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||
|
||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||
Galliformes Temminck, 1820 | ||||||||||
|
Джэд теплъэ хэкӀыгъуэр (лат-бз. Galliformes) — дэнэ щӀыпӀи щыпсэу къуалэбзу хэкӀыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ИнагъэкӀэ курытхэщ. Ди къэралым джэд хэкӀыгъуэм я нэхъ цӀыкӀу дыдэ ныбгъуэм къешэч г. 80-120, нэхъ пӀащэм хъунгъарым ч. 6-м нэс.
ЗэрыщӀылъэ пэущхьэхэм папщӀэ, быдэу зэхэщӀыхьахэщ, щхьэцӀыкӀухэщ, пщэ, пэ кӀэщӀхэщ. Дамабгъуэ кӀэщӀхэщ, лъэпхъэшыным хуэгъэщӀауэ лъакъуэ лъэщщ. Хъухэр (адакъэхэр) нэхъ инщ, щӀэращӀэщ анэхэм ялъытауэ. ЛӀэужьыгъуэ нэхъыбэхэр илъэсым зэщ зэрыгъуалъхьэхэр, джэдыкӀи 4-25-рэ къакӀэц. Бжыхьэм зэ цы япхъыж.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Я Ӏусыр къэкӀыгъэхэкӀщ, и нэхъыбэм щӀылъэм къалъыхъуэр, нэхъ мащӀэу яшх хьэпщхупщ, ауэ шырхэм щхьэкӀэ нэхъыщхьэу щытщ.
ХэкӀыгъуэм и зэгъэзэхуэгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Джэд теплъэхэр лъэпкъитху зэхокӀхэр:
- Megapodiidae
- Cracidae
- Odontophoridae
- Мэзджэд лъэпкъыр (Phasianidae)
- Шылэджэд лъэпкъыр (Numididae)
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.