Баренц Хы
Баренц Хы | |
---|---|
Здыхэтыр: | Арктикэ Хышхуэ |
Инагъыр: | 1 424 000 км² |
Ихуэр: | 282 000 км³ |
Кууагъ нэхъ иныр: | 600 м |
Кууагъ курытыр: | 222 м |
Псы хэлъадэхэр: | Печорэ, Индигэ |
Баренц Хы Уикисурэтылъэм |
Баренц Хы (нор.-бз. Barentshavet, урбз. Баренцево море, 1853 гъэ хухъу Мурманское море) — Урысеймрэ Норуегэмрэ я ишхъэрэ Ӏуфэм деж Ӏулъ, Арктикэ хышхуэм и кӀэух хы. Хыр Еуропэм и ишхъэрэ Ӏуфэмрэ Шпицберген, Франц-Иосиф и щӀы, ЩӀыщӀэ архипелагхэмрэ я зэхуакум дэлъщ. И инагъыр 1 424 000 км² мэхъу, и кууагъ нэхъ инхэр 600 метрэм нос. Хым и ипшэ-къухьэпӀэ Ӏыхьэр щӀымахуэм щтыкъым, Ишхъэрэ-Атлантикэ уэрым и фӀыгъэкӀэ. И ипшэ-къуэкӀыпӀэ Ӏыхьэр Хы Печорэ и цӀэу къыхагъэщхьэхукӀащ. Баренц хым мыхьэнэшхуэ иӀэщ кхъухь транспорт зекӀуэхэмкӀэрэ бдзэжеящэмкӀэрэ.
Къызэраплъыхьам и тхыдэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Баренц хым и Ӏуфэм деж ижь лъандэрэ саамэ лъэпкъыр Ӏусщ. Мыдрей лъэпкъхэр (нэхъыщхьэу викингхэмрэ, урысхэмрэ) Ӏуфэм деж, зэрабжымкӀэ къэтӀысын щыщӀадзар XI лъэхъэнэм щыщӀэдзауэщ. Япэм щыгъуэ урыс документхэм хыр цӀэ Ӏэджэуи иратхэт. 1853 гъэ хухъу хым нэхъыщхьэу зэрыреджэтэр Мурманск хыкӀэт.
1853 гъэм голлэнд хыерс Уиллем Баренц пщӀэ хуащӀыу, хым фӀащащ Баренц хы.
Хыр ухуауэ къаплъыхьын щыщӀадзар XIX лъэхъэнэм икухэращ. XX лъэхъэнэм и щӀэдзапӀэм хым теухуауэ япэ тхылъхэр къыдагъэкӀын щӀадзащ.
Хэкумэтх
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Баренц хыр — Атлантикэм и гъунэм деж Ӏулъ, Арктикэ хышхуэм и къуэкӀыпӀэ псылъэщ.
КъухьэпӀэмкӀэ и гъунэгъущ — Норуегэ хыр, ипшэкӀэ — Хы хужьыр, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Хы Карскыр, ишхъэрэкӀэ — Арктикэ хышхуэр. Хым и ипшэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ гъэза Ӏыхьэм Хы ПечорэкӀэ ироджэ.
Хым и ипшэ-къухьэпӀэ Ӏыхьэр нэхъыбэу фиорд джабэ Ӏуфэу щытщ. И ипшэ-къуэкӀыпӀэ Ӏуфэхэр нэхъ захуэу щытхэщ.
Баренц хым тӀыгу мащӀэщ иӀэр. ТӀыгухэм нэхъ ин дыдэр — Колгуев тӀыгуращ. Ауэ хым тӀыгу мащӀэ хэтми, ар архипелаг инхэм къаухъуреихь.
Гидрологиэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хым хэлъадэ псыхэм ящыщу нэхъ инхэхэщ — Печорэрэ Индигэрэ.
Хым и псыщхьэ уэрхэр сыхьэт чым пэгъэзауэ мэкӀырахъуэ. Абы и гидросистемэм зэрыщыту епхащ Атлантикэм къикӀ уэр хуабэ Нордкапым.
Хыр адрей псылъэхэм ину епхащ, абы илъэсым псы хэщӀым хуэдиз дыдэ къыхохъуэж. Псом нэхърэ нэхъыбэ псы хым къехь хуабэ Нордкап уэрым.
Псыщхьэм и шууагъыр, щӀыпӀэ щӀыпӀэкӀэ зэхедз, псалъэм папщӀэ ипшэ-къухьэпӀЭ лъэныкъуэмкӀэ хым и шууагъыр 34,7—35,0‰ мэхъу, ишхъэрэкӀэ ар 32,0—33,0 ‰ нэсщ здынэсыр.
Флорэмрэ фаунэмрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Баренц хыр икъукӀэ къулейщ бдзэжей зэмылӀэужыгъуэхэмкӀэ, къэкӀыгъэ псэущхтэ планктонхэмрэкӀэ бентосорымкӀэ. Туленхэм хым щыкӀэлъплъ. Ӏуфэхэм деж Ӏузу бзу бэзэрхэр Ӏутхэщ. Хы щӀагъым дэнкӀи щылъхэщ зэмылӀэужыгъэ мастафэ псэущхьэхэр, абыхэм ящыщу нэхъыбэхэщ хы цыжьбанэхэмрэ хы вагъуэхэмрэ.
ЦӀыхум къэзэригъэсэбэп
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Баренц хым мыхьэнэшхуэ иӀэщ Урысеймрэ Норуегэмрэ ямызакъуэу иджыри къэрал къомым. Псом нэхъ нэхъапэу хым нэхъ пщӀэшхуэ иӀэщ бдзэжеящэ Ӏуэхугъэмрэ минерал къыщӀах мывэхэмрэ. Аы нэмыщӀ хым кӀуэцӀырокӀ ишхъэрэ къэралхэм я дежкӀэ мыхьэнэшхуэ зиӀэ хы гъуэгу Урысейм и ишхъэрэ портхэмрэ еуропэ къэралхэм я портхэмрэ зэпащӀэу.
Абыхэм нэмыщӀ Баренц хым Урысеймрэ Норуегэмрэ я хыдзэхэмрэ псыщӀагъ кхъухьхэмрэ хыр къаухъуреихьахэу къаплъыхьхэу щытщ.
Нэхъыщхьэ портхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Баренц хы Ӏуфэм мыхьэнэшхуэ зиӀэ къалэ порт куэд Ӏутщ, абыхэм нэхъ нэхъыщхьэхэу къыхабгъэщ хъунущ мыхэр:
Урысейм
Норуегэм
Сурэтылъэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]-
Баренц хым и Ӏуфэм деж
-
Чеш хылъэ
-
Мурманск къалэ и хылъэ
-
Урысеймрэ Норуегэмрэ я гъунэ зэхуакум дэт Якобсолв гаван
-
Норуегэ Ӏэщэ кхъухь хым итхэм ящыщ зы
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Карты Мурманского побережья Баренцева Моря
- Баренцево море Моря СССР. 1982 гъэ.
- Определитель водорослей Баренцева моря Шошина Е. В.
Литературэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Визе В. Ю., Моря Советской Арктики, щэ къыдагъэкӀащ, т. 1, [М.-Л.], 1948 гъэ;
- Есипов В. К., Промысловые рыбы Баренцева моря, Л.-М., 1937 гъэ;
- Танцгора А. И., О течениях Баренцева моря, в кн.: Гидрологические исследования в Баренцевом. Норвежском и Гренландском морях, М., 1959 гъэ;
- И. С. Зонн, А. Г. Костяной. Баренцово море, 272 напэ.
Арктикэ Хышхуэ |
||
---|---|---|
Хыхэр | Баренц • Бофорт • Карск • КъуэкӀыпӀэ-Сыбыр • Лаптхэ • Линколн • Печорэ • Принц Густав-Адолф • Уандел Хы • Хужь • Чукоткэ | |
Хыжьэ нэхъ инхэр | Амундсэн • Бутиэ • Об | |
Ӏузэв нэхъыщхьэхэр | Вилицки • Дмитрий Лаптев • Карск • Лонг • Маточкин • Парии • Санников • Фрам • Хинлопен • Шокалск • Йугор |