Щу лъэпкъыр
Appearance
| Щу лъэпкъыр | ||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||
|
Meropidae (Rafinesque, 1815) | ||||||||||||
|
Щу лъэпкъыр (лат-бз. Meropidae) — къуаргъкъащхъуэ хэкӀыгъуэм щыщ лъэпкъщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Теплъэ щӀэращӀэ зиӀэ лӀэужьыгъуэхэр зэщӀеубыдэщ. Хуабжьу зэкӀужьхэщ, пэ, дамэ, кӀэ кӀыхьхэщ. Я теплъэм куэду хыболъагъу гъуэжь, щӀыху, сырыху, удзыфэхэр. Анэхэри хъухэри зэфэгъущ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Нэхъыбэу здэпсэур тропик-субтропик хэкухэращ, лъэтэжхэкъым. Къаукъазым щыгъуалъхьэр лӀэужьыгъуитӀщ, ахэр мэлъэтэж. Щу лъэпкъым хыхьэ лӀэужьыгъуэхэм гуп-гупурэ къалъэтыхь, гуп-гупури мэгъуалъхьэ. Абгъуэ здащӀыр нэхъыбэу нэпкъ задэхэм ядежщ. Зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀи 2-5-щ, бгъуэнщӀагъ къыраудам икӀэм занщӀэу щагъэтӀылъ, щӀэдзын гуэри ямыӀэу.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Я Ӏусыр жьым къыщаубыд гъудэбадзэхэращ.
Лъэпкъэгъухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Щухэр (Merops)
- Dicrocercus
- Meropogon
- Nyctyornis
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.