ЦӀыжьдадэкӀэкӀыхь
ЦӀыжьдадэкӀэкӀыхь | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Aegithalos caudatus (Linnaeus, 1758) | ||||||||||||||||
|
ЦӀыжьдадэкӀэкӀыхь (лат-бз. Aegithalos caudatus) — цӀыжьдадэкӀэкӀыхь лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щхьэмрэ ныбэ щӀагъымрэ хужьщ, тхыӀцэмрэ дамащхьэмрэ фӀыцӀэщ, нэ хъуреягъхэр плъыфэ пцӀанэщ.
Здэпсэур
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ищхъэрэ Къаукъазым гъунэжу щопсэу, щыӀэщ Еуропэм, Анадолейм, Къажэрейм, Сыбырым, нэмыщӀ щӀыпӀэхэми. Абгъуэ щӀын яублэ гъатхэпэ-мэлыжьыхьым ипэм. Зэрыхабзэщи ар щащӀ пхъэхуейм, нэхъ мащӀэу дзэлым, жыгейм е чыцэ лъагэхэм. Чыцэ Ӏувым деж абгъуэр щӀым пэжыжэщ, м. 1,5-3, мэзым м. 7-10-кӀэ къудамэ гъумхэм я зэгуэкӀыпӀэм.
Абгъуэ щӀыгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀи 10-12. Абгъуэм тесщ махуэ 12-13. Шырхэр ягъашхэ махуэ 15-16. Къаукъазым деж цӀыжьдадэкӀэкӀыхьхэр мэкъуауэгъуэм етӀуанэу мэгъуэлъхьэж. Япэ къишыгъуэ быныр абгъуэм къилъэта нэуж зэщӀыгъуу гъатхэм нэгъунэ мэзым Ӏэпхъэурэ щопсэу.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусыр нэхъыщхьэу хьэпщхупщхэр, абыхэм я джэдыкӀэ, хупс, хьэндырабгъуэ жьгъейхэм я щыгъыныхьхэр.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.