Jump to content

ХьэпцӀий

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
ХьэпцӀий
ХьэпцӀий щхьэмыжхэр
ХьэпцӀий щхьэмыжхэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Жылэзэхуэщахэр
ХэкӀ: Monocotyledones
ХэкӀыгъуэ: Хьэцэпэцэ теплъэхэр
Лъэпкъ: Хьэцэпэцэхэр
Лъэпкъыгъуэ: ХьэпцӀийхэр
ЛӀэужъыгъуэ: ХьэпцӀий
Латин цӀэр
Secale cereale Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 42090
NCBI 4550
Secale cereale

ХьэпцӀи́й (лат-бз. Secale cereale) — хьэцэпэцэ къэкӀыгъэщ, ижь-ижьыж лъандэрэ цӀыхум къагъэкӀ.

ЗанщӀэу дэкӀей и пкъхэм м. 1,5-2 я кӀыхьагъщ. И бзийхэм см. 25-рэ я кӀыхьагъщ, см. 1-1,5-рэ я бгъуагъщ. Щхьэмыжхэр, хьэцыпэ кӀыхь зиӀэхэр мэкъуауэгъуэ-бадзэуэгъуэм къыдедз, шыщхьэӀум и пэхэм хагъуэ къыдедз. ХьэпцӀийр къыщагъэкӀ нэхъ щӀыпӀэ щӀыӀэтыӀэхэм.

ЩӀэныгъэлӀхэм къызэралъытэмкӀэ хьэпцӀийм и къэхъупӀэ-къежьапӀэхэм ящыщщ Ищхъэрэ Къаукъазри. ЦӀыхухэм хьэпцӀийр къагъэкӀыу щыкӀадзар илъэс мин 3-4-кӀэ узэӀэбэкӀыжмэ.

ХьэпцӀийр къытрагъэхъукӀащ хьэм, гуэдзым щыгъуу, зэран хъууэ, езыр-езыру къэкӀ (лат-бз. segetale zhuk) хьэпцӀий лӀэужьыгъуэм.

Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къагъэкӀ. ХьэпцӀий хьэжыгъэр щӀакхъуэу ягъажьэ, нэгъуэщӀ шхыныгъуэхэри къыхащӀыкӀ

НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэм

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
  • ХьэпцӀы́й — кӀахэм зэреджэр.


  • Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. Хьэкъун Б. Налшыч. 1992 гъ.