Гуэдз
Appearance
| Гуэдз | ||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
Гуэдз щхьэмыжхэр | ||||||||||||
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||
| Triticum Linnaeus | ||||||||||||
|
Гуэдз (лат-бз. Tríticum) — хьэцэпэцэхэм ящыщ къэкӀыгъэщ.
Зы гъэ нэхъ къэмыкӀ лӀэужьыгъуэ. И пкъым и лъэгагъыр см. 40-150-м нэс. Бзийхэр мм. 3-15-ху хуэдиз я бгъуагъ. Щхьэмыжым см. 3-15 хуэдиз кӀыхьагъ иӀэ.
Дунейпсом цӀыхухэм гуэдз Ӏэрысэ лӀэужьыгъуэу миниплӀым щӀыгъу къыщагъэкӀ. ЩӀэныгъэлӀхэм къызэралъытэмкӀэ, ижь-ижьыж зэманым цӀыхухэм гуэдзым елэжьын япэ дыдэу къыщрагъэжьар Къаукъазщ. Езыр-езыру къэкӀ гуэдз лӀэужьыгъуэхэм нобэр къыздынэсым ущрохьэлӀэ Курджым, Азэрбиджаным, Ермэлым. А гуэдз лӀэужьыгъуэхэр нэгъуэщӀым къыщыкӀкъым. Абыхэм ящыщу плӀыр къуакӀэбгыкӀэм дэс къуажэ пхыдзахэм Ӏэрысэу къагъэкӀ.
Ди къэралым гуэдз бэуэ щытрасэ Ищхъэрэ Къаукъазым, Курыт Урысейм.
НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэм
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Коцы — кӀахэм зэреджэр.
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхыгъэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. Хьэкъун Б. Налшыч. 1992 гъ.