Хьэ (къэкӀыгъэ)

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Хьэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Жылэзэхуэщахэр
ХэкӀ: Monocotyledones
ХэкӀыгъуэ: Хьэцэпэцэ теплъэхэр
Лъэпкъ: Хьэцэпэцэхэр
Лъэпкъыгъуэ: Хьэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Хьэ
Латин цӀэр
Hordeum vulgare Linnaeus, 1753


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 40874
NCBI 4513
Hordeum vulgare

Хьэ (лат-бз. Hordéum vulgáre) — хьэ лӀэужьыгъуэ, мэкъумэш лэжьыгъэм и нэхъыбэм ягъэкӀыра.

Ижь-ижьыж лъандэрэ цӀыхум къигъэкӀ хьэцэпэцэ лӀэужьыгъуэщ. Зы гъэкӀэ фӀэкӀ къэкӀкъым.

ЗанщӀэу дэкӀей и пкъ ку гъуанэхэм см. 80-120-м нэс я лъэгагъщ. И бзийхэм см. 20-25-м нэс я кӀыхьагъщ, см. 1-1,5-рэ я бгъуагъщ. Мэкъуауэгъуэм щхьэмыжхэр, хьэцыпэ бэуэ зытетхэр къыдедз, бадзэуэгъуэм жылэхэр мэхъу. Ищхъэрэ Къаукъазым бэуэ къыщагъэкӀ. Ар ягу, яхьэж, шхыныгъуэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къыхащӀыкӀщ. ӀусыпхъэфӀи мэхъу. Инджылызым, Еуропэм, Хъутейм, Японым, Корейм, Ищхъэрэ Америкэм бжыгъэ хъуауэ къыщагъэкӀ нэгъуэщӀ зы хьэ лъэпкъ — лат-бз. «Hordeum distichon».

Адыгэхэм пасэ зэманым хьэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къагъэкӀыу щытащ. Абыхэм ящыщхэр бгыщхьэ лъагэхэм, дунейр нэхъ щыщӀытыӀэхэм фӀыуэ щыбагъуэт.

ЩӀэныгъэлӀхэм зэралъытэмкӀэ, хьэр гъавэхэкӀ къэкӀыгъэу щыӀэм я нэхъыжьщ.

Археологхэм щӀэин къатӀэщӀыжахэм къыщыщӀахыжа хьэ жылэхэм я ныбжыр илъэс 7000-м нос. Абы нэхърэ нэхъыжь пкъыгъуэ цӀыхум къитӀэщӀыжакъым, мэкъумэш щӀэным ехьэлӀауэ.


Тхыгъэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. Хьэкъун Б. Налшыч. 1992 гъ.