Хьэжбабыщ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Хьэжбабыщ
Хьэжбабыщ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къаз теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бабыщ теплъэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Куракущхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Хьэжбабыщ
Латин цӀэр
Aythya ferina
Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175126
NCBI 219593
Aythya ferina

Хьэжбабыщ (лат-бз. Aythya ferina) — бабыщ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

И инагъкӀэ курытщ. Хъур фӀыцӀэщ, джабэхэр хужьщ. Анэхэм я теплъэ нэхъыщхьэр гъуабжафэщ, щхьэщӀыбым егъэзыхауэ къыхэпӀиикӀ цы Ӏэрамэри нэхъ цӀыкӀущ.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хьэжбабыщхэр Еуразиэм и дэнэ щӀыпӀи щыӀэщ. Урысейм деж нэхъыбэу уапэщӀохуэ Къаукъазым и хы Ӏуфэхэм, къуэкӀыпӀэмкӀэ Сахалинрэ Ипщэ Курилхэм я гъунэхэмрэ. Я бжыгъэкӀэ мащӀэкъым. Мэлъэтэжхэр. Къаукъазым щӀымахуэр псынэхэм я деж щизыххэри къахокӀ. Абгъуэр псым и гъунэгъущ. Щырхэр джэдыкӀафэм къипща нэуж етӀуанэ махуэм псым зыщӀагъэмбрыуэф.

Мы бабыщыр Ӏэлми цӀыхум щыщтэкъым, къуажэ кӀуэцӀхэми щыгъуалъхьэ щыӀэщ, къалэшхуэ гъунэ псыӀущӀахэм щыпӀыгъыфынущ щӀыпӀэгъэдахэ хьисэпу. Куэду къаущэкӀу.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ӏусым и нэхъыбапӀэр псэущхьэ жьгъейщ. Ӏус щылъыхъуэкӀэ м. 3-4, уеблэмэ, 10-м щӀигъукӀэ занщӀэу ехэу зыщӀегъэмбрыуэ.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.