Унэ гуэгушхэр
Унэ гуэгушхэр е щагу тхьачэтхэр е унэ тхьаджэдхэр (лат-бз. Meleagris gallopavo) — лыпхъэ хьисэпкӀэ ягъашхэ джэдкъаз лӀэужьыгъуэхэм я нэхъ пӀащэхэщ.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]КъатехъукӀащ Ипщэ, Ишъхъэрэ Америкэм зэпэщхьэхуэу щыпсэу лӀэужьыгъуэ къуэдзитӀым. Еуропэм япэ дыдэу япэрей унэ гуэгушхэр къыщашар 1418-1519-рэ гъэхэращ. Ди къэралым деж унэ гуэгушхэр зэхагъэкӀ, къызтехъукӀа лӀэужь елъытакӀэ, Америкэм, Инджылызым, Нидерлэндхэм къикӀа лӀэужьыгъуэхэр Урысей лӀэужьыгъуэхэурэ. Иужьырейхэм ящыщщ гуэгуш гъуэбжафэр, гуэгушхужьыр, фӀыцӀэр, абыхэм я лӀэужьхэр зэхагъэхьаурэ къагъэхъуахэр.
Теплъэ-пкъыгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Гуэгушыхъухэм къашэч ч.12-16, нэхъ пӀащэ дыдэхэм — ч. 20-м нэс, анэхэм ч. 7-9. КӀэцӀын щӀадзэ мази 10-11 ныбжым нэсахэмэ, и нэхъыбэм щӀышылэм-гъатхэпэм. Илъэсым мэкӀэцӀ 90-рэ, нэхъыбэ дыдэм 150-рэ. Зы джэдыкӀэр г. 80-88 мэхъу. Махуэ 28-кӀэ къыраш. Зы анэм гъэм шыр 40-60 ебгъэпӀыфынущ. Хъубжапхъэ гуэгуш анэхэр илъэсищым нэскӀэ къагъэсэбэп. Гуэгушыхъухэр илъэсищ ныбжым нэсмэ я бгъэгум цы пхъашэ кӀыхь Ӏэрамэ къыхокӀ я пкъыр жьы хъун зэриублэм и щыхьэту. ЩӀыпӀэ гуэгуш тумэхэр къэхъуащ хамэ къэралхэм къраша лӀэужьыгъуэхэр зэхыхьэурэ.
ЛӀэужьыгъуэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Унэ гуэгушхэм лӀэужьыгъуэ 20 хуэдиз зыхеубыдэщ, абыхэм ящыщ:
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |