Ужьэ кӀэ кӀыхь

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Ужьэ кlэ кlыхь къызыхэкӀар)
Ужьэ кӀэ кӀыхь
Ужьэ кӀэ кӀыхь
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ИнфрэхэкӀ: Placentalia
ХэкӀыгъуэ: ШъакӀуэпсэушъхьэхэ
Лъэпкъ: Дзыдзэхэ
Лъэпкъыгъуэ: Ужьэхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Ужьэ кӀэ кӀыхь
Латин цӀэр
Mustela erminea Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Ужьэ кӀэ кӀыхь (лат-бз.: Mustela erminea, ур-бз.: Горностай) — шъакӀуэ-псэушъхьа, шэрыпӀ, дзыдзэ лэпкъым ящыщ.

АплъэпӀкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ужьэ кӀэ кӀыхьыр исурэткӀэ дзыдзэу хъуам яхьч. КӀыфэ псыгъуэ-кӀыхь, лъакъуэхэр кӀэкӀыу, пшъэр кӀыхьу, шъхьар памцӀу тхьакӀумэхэр хъуреуэ тету. Хъум икӀыфэм икӀыхьагъыр см. 17 - 38 (бзыхэр иныкъуэкӀэ нэхъцӀыкӀу), ихьалъагъыр г. 70 - 260, кӀапэм икӀыхьагъыр кӀыфэм и 35% см 6 - 12.

Цым ифэр зэрехъуэкыр: шӀымахуэм хужьу щыт, гъэмахуэм тӀууэ зэхэлъ: ныбэ, бгъэр, жэпкъыр, лъакъуэкӀуэцӀгъунэхэр - хужь; нэӀур, кӀыбыр, лъакъуэлъэныкъуэхэм я гупэр гъуабджу щыт. ХужькӀэ зэзхъуэкӀхэр махуэ 40 къыщыкӀэдзауэ-нэхъыбу шӀымахуэм уэс здытелъ лъэныкъуэхэм щыпсохэр. КӀапэм икӀэр фӀыцӀу щыт, гъэпсом.

Здэпсохэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ужьэ кӀэ кӀыхьыр ШӀыгум Ишъхъэрэ псом щопсоу Еуразиэмрэ Ишъхъэрэ Америкэмрэ. Еуропэм Скандинавым къыщыкӀэдзауэ Перенейхэмрэ Алпхэмрэ нэгъунэ ( Албэныр, Алыджыр, Болгарыр, Тыркур хэмыту ). Азиэм здэпсохэр Монголым, Афганистаным, Ираным, Азиэ Курытым япшэхъуалъэм носыр, Китайм и ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэмрэ, Японым и ишъхъэрэм. Ишъхъэрэ Америкэм Канадам , Гренлэндым, АШЗ-м ишъхъэрэ лъэныкъуэм. Урысейм и еуропэ лъэныкъуэмрэ Сыбырымрэ.

Зэрыпсохэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ужьэ кӀэ кӀыхьыр нэхъыбу здэпсохэргубгъуэ-мэзхэм, мэзхэм иэ тундра лъэныкъуэхэм. ПсэупӀэр къызэрыхихыр шхын зэригъуэтыфынумкӀэ (дзыгъуэ лъэпкъхэм ящыщ). Нэхъыбэм псым игъунэгъу гъуэр ешъыр, псыӀуфэхэм, псыхъуэхэм, мэзым хэт псыхъурехэм я Ӏуфэм иэ гъубгъуэгъунэм, пабжъэхэм, къэмылхэм. Мэзхэм кууэ макӀыу хыхьу щыпсохэр; къыхиххэр мэзыр здырахам идежь, мэзыкугубгъуэхэм, нэхъ кӀасу къуаджэхэм нэхъ игъунэгу.

ШъакӀуэ щежьэр бджэхьашъхьахэм-джэщхэм. Гъуэ здишъынум, быныр къыздихьынум зэхэдз ишъкъым, тэнэ-деи къппэкӀэхуэ мэхъу - мэкъу Ӏатэм, нывэ зэтелъхэм, унэжъхэм, пхъэдакъэ унэм бгъэдэлъу зэтелъхэм. Абы пэмыкӀыу жыгкӀуэцӀ гъуэхэм, псыр къикӀмэ абыхэм зегъэпшкӀу. Куэду иукӀа псэушъхьахэми ягъуэхэм щытӀысхьи мэхъу; бын къыздихьыну гъуэм лъэгум иукӀа псэушъхьашэм яцыр ирелъхьа, макӀыу удз щырилъхьи мэхъу. ШӀымахуэкӀэ зы гъуэм исурэ щыткъым, куэчыурэ мэпсо: нывэ кӀагъхэм, лъабжъэхэм, пхъэдакъэхэм кӀэтӀысхьурэ.

Ужьэ кӀэ кӀыхьыр фӀыуэ йорсыф икӀи жыгхэм допшеиф ауэ зыхуэнэхъ Ӏасэр шӀым шъакӀуэну.

Зэрзэпыхьахэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Зэпылъын щыкӀадзэр мазаем икум къыщыкӀэдзауэ мэкъуауэгъуэм ипэм нэгъунэ. Бзыр мазэ 9-10 псэф, щылъхуэр мэлыжьыхьым накъыгъэм язэхуакум. Чыру къылъхур 3къыщыкӀэдзауэ 18 носыр, нэхъыбэм 4-9 къэлъху. ЗыпӀхэр бзым изакъуэ. Чырхэр гр. 3-4 фӀэкӀа хъухэкъым, я кӀыхьагъыр мм. 32-51 . Нэфу къохъухэ, дзахъэху я тхьакӀумэхэри зэхуэшъауэ. Махуэ 30-41 щыхъухэм янэхэр къызэтраххэ, мазитӀ-мазищым я инагъымкӀэ анэм хуэду мэхъухэ, иджыри мэзитӀ текӀауэ шъэкӀуэн язакъуэ кӀадзэ. Зэрыпсохэр 1-2, нэхъыбэдыду къагъашъэр илъэс 7.

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]