ПцӀащхъуэ
ПцӀащхъуэ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Hirundo rustica Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здэгъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырихыр | ||||||||||||||||
|
ПцӀащхъуэ (лат-бз. Hirundo rustica) — пцӀащхъуэ лъэпкъым хыхьэ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Пкъы псыгъуэ кӀэ дыкъуакъуэ кӀыхьщ, дамэ папцӀэ псыгъуэщ, пэ кӀэщӀ жьабгъуэщ, лъакъуэ кӀэщӀ къару мащӀэщ. НатӀэмрэ жьэгъумрэ плъыжь-улъиягъафэщ. ТхыцӀэр фӀыцӀэ жырыфэщ, морафэ и пщэм къырекӀуэкӀыу къыщӀэуэу. Ныбэ щӀагъыр хужьщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къаукъазым щыкуэдщ, мэлъэтэж. Абгъуэ кӀэрещӀыхь унэ блынхэм, нэгъуэщӀ лъэгапӀэхэм. Гъэм тӀо къыреш.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусыр фӀыуэ лъэтэф гъудэбадзэщ.
Адыгэ ӀуэрыӀуатэм
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ПцӀащхъуэр, унэбзум хуэдэу, ижь-ижьыж лъэандэрэ цӀыхум и гъуэнэгъуу мэпсэу, и абгъуэр псэуалъэхэмзэрыщищӀынум хущӀэкъуу, и бзэрабзэр нэгъуэщӀ бзум ейм хэгъэгъуэщэгъуейщ.
Абы ди ӀуэрыӀуатэм хуэфащэ увыпӀэ щиӀыгъщ и фӀэщыгъэм щӀагъыбзэ мыхьэнэ хэха иӀэу. Ар къуажэ гъащӀэм, псынщӀагъэм я дэмыгъэщ, унэбзум, бжэндэхъум яхуэдэу, гъатхэр къезыгъэблагъэхэм ящыщщ, хъыбарыфӀзехьэщ. Лъэтеувэ уэрэдхэм[1] ящыщ зым япэ лъэбакъуэхэр зыч щӀалэ цӀыкӀур къыхуреджэ:
« | Мимэр иухыу пцӀащхъуэ лъэтэну | » |
, фызышэ уэрэдым[2] деж щӀалэу къэзышэр
« | Уэредадэ, уэгу пцӀащхъуэщ, уэредадэ, пцӀащхъуэм дохуарзэ. | » |
Адыгэхэр пцӀащхъуэм зэран хуэхъукъым, абгъуэр я пэш блыным кӀэрищӀыхьми, зэрагъэзэгъ. Абы ини цӀыкӀуи щытыкӀэ хуаӀэр псом хуэмыдэу щынэрылъагъущ фӀылъагъуныгъэ хэлъу хузэхалъхьэ къуажэхьхэм:
- «Барабатинэ, бэрэтинащхьэ, данагъуэ Ӏупэ, кӀэ дыкъуакъуэ»
- «ХьэпкӀэрапкӀэу гуэщым щӀэпкӀэ»
- «Зи кӀэр дыкъуакъуэ бгыкъур зи унапӀэ»
Псалъэжьым щыщхэм къеӀуоху:
- «Ахъшэр пшахъуэщи, гъащӀэр пцӀащхъуэщ»
Гулъытыгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |