Псков област

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Псков къэрал къызыхэкӀар)

Псковобласт
урбз. Псковская область

Псков хэкум и дэмыгъэ
Псков област на карте России
Къалэ нэхъышъхьэ Псков
И инагъыр

- Псори
- % псым иубыдыр

48-нэ

55 399 км²
5,2

Джылэр

- Псори
- Джылэм и Ӏувагъыр

64-нэ

688 563 цӀыху (2010)
12,6 цӀыху/км²

ВРП

- Зэхэту, иджырей уасэхэмкӀэ
- ЦӀыхум техуэр

70-нэ

73,4 млрд. руб. (2008)
104,8 мин руб.

Федерал куейхэр Ишъхъэрэ-КъуэхьэпӀэ
Эконом куейхэр Ишъхъэрэ-КъуэхьэпӀэ
Губернатор Турчак Андрей
УФ-м и къэралым и кодыр 60
Зэманыгъуэр MSK (UTC+3)
Псков Уикисурэтылъэм

Псков област (урбз. Псковская область) — Федерациэ Урысеим хэт хэку. Къалэ нэхъыщхьэр Псков.

Хэкумэтхыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Псков хэкум и хэкумэтх

Псков хэкур Урысейм и ишъхъэрэ-къуэхьэпӀэ еуропэ лъэныкъуэм хэт. Гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр: ишъхъэрэмкӀэ - Ленинград хэкум, къуэкӀыпӀэмкӀэ - Новгородымрэ Тверымрэ, ипшъэмкӀэ - Смоленскымрэ Урысыхумрэ, къуэхьэпӀэмкӀэ - Латвиэмрэ Эстониэмрэ.

Хэкум шӀыпӀу иубыдыр зэрыхъур 55,3 мин км².

Езы шӀыпӀэр нэхъыбаӀуэм губгъу щыт, мэзкӀэ бэгъуауэ (мэзхэм шӀыуэ яубыдыр зэхэту 2450 мин га) абым пэмыкӀыуи псыхъурей бжыгъэхэр (яубыдыр 210 км²). Псыхъурей нэхъ индыдэр Псков Чудской; хэку псом псыхъуреуэ хэтыр 3 700 фӀокӀыр.

Хэкум мэзу къинэжьар 250 млн. м³ носыр(тхьэмпэбанэхэм ящыщ - 45%). Хэкур бэгъуауэ щыт мэзкъэкӀыгъэ къэщхьэпэгъуэхэмкӀэ: Ӏэргъэбэгухэр, мэракӀуэхэр, гынкъэкӀыгъэхэр.

Хьэйуар континет-курыту щыт. Гъэм и температурэ курытыр +5°С. Мазэкурыт температурэр щӀышылэм -7,8°С, бадзэуэгъуэм +17,3°С. Уэуэ къэхыр гъэм 625 мм.

Тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Псков хэкум и тхыдэ

Къалэ Псковыр япэреуэ тхыдэтхыгъэхэм къыщыӀохур 903 гъэм. X-XII лъэхъэнэхэм Псков хэкур Киеу Урысеим хэтт, ауэ и къэрур кӀуэдын щыкӀидзэм Новгородымрэ Владимирымрэ и ӀэнатӀэпӀашъхьэм кӀэхьэ.

1242 мэлыжъыхьым и 5-м Чудской псыхъурем Мыл-зауэ щекӀуэкӀа Александр Невскэ и урысыдзэмрэ Ливон лъэпкъэгъумрэ дзэмрэ яуэ. зауэр урысыдзэм и текӀуэныгъэкӀэ иуха.

Псков, Совецкэ урам

1348-1510 гъэхэм Псков хэкур шъхьэхуит республику щыта. Мэзкуумрэ Псковымрэ я зэпылъыныр нэхъ лъэш щыхъум Псковыр Урыс къэралым хохьэр.

Ишъхъэрэ зауэшхуэм щыгъуэ 1700-1721 гъэхэм Псковыр урысыдзэм и гъунапкъым тет быдапӀэ къэлъытэгъуэшхуэ зиӀу щыта, къышхьэпэгъуэ дзэм шъхьэкӀэ зэрихьу.

1710 гъэм Петр I и унафэмкӀэ псков шӀыпӀэхэр Ингерманлэнд хэкум хохьэхэ, 1727 гъэм Екатэринэ II и унафэмкӀэ Новгород хэкум хохьэхэ.

Псков хэку къыщыхагъэкӀыр 1776 гъэм шышъхьэӀум и 24.

1917 гъэм гъатхэпэм и 2-м пэштыхь Николай II тхылъ кӀетхэ Псков къалэм и ӀэнатӀэпӀашъхьэр къигъану. Советхэм я ӀэнатӀэр 1917 гъэм йохьэр хэкум.

1927 гъэм Псков шӀыпӀэр Ленинград хэкум хохьэ, ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм и зэманыгъуэм оккупациэм хэта.

Псков хэкур щызэфӀэувэжьар 1944 гъэм.

Джылэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Псков хэкум и джылэр

2010 гъэм и шӀышъылэм и 1-м къэлъытэгъуэкӀэ Псков хэкум дэсар 688563 цӀыху (Псков къалэм - 191760)[1]. Демографиэмрэ хэку тхыдэмрэ ятеухуауэ Псков хэкум и джылэр щимыгъэту нэхъ макӀэ мэхъур.

Лъэпкъ дэсхэр
Лъэпкъыр Бжыгъэр
(2002 ггъэ[2])
%
Урысхэр 717101 94,25
Украинхэр 12471 1,64
Урысыхухэр 9664 1,27
Цыджанхэр 3220 0,42
Ермэлыхэр 2270 0,30
Къэзанхэр 1499 0,20
Азэрбиджанхэр 1319 0,17
Эстонхэр 1122 0,15
ПэмыкӀхэр 6657 0,87
Лъэпкъ гъэлъэгъуахэр зи бжыгъэр 1000 цӀыху фӀэкӀыр

Хьэблэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хьэблэ зи джылэм я бжыгъэр минищым фӀэкӀыу щытхэр
2010 гъэм и шӀышъылэмкӀэ[1]
Псков 191,8 Пушкинские Горы 5,7
Великие Луки 98,3 Идрица 5,2
Остров 23,4 Пустошка 4,8
Невел 16,4 Бежаницы 4,6
Опочка 12,7 Гдов 4,4
Печоры 12,3 Локня 4,4
Порхов 11,1 Красногородск 4,4
Дедовичи 9,4 Новоржев 3,9
Дно 8,8 Серёдка (9.10.2002) 3,8
Новосоколники 8,9 Плюсса 3,3
Струги Красные 8,7 Куния 3,2
Себеж 6,1 Палкино 3,2
Пыталово 6,1

Экономикэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Псков хэкум и экономикэр

Хэкум и валовэ продуктыр 2008 гъэм 73,4 млд. рубылу хъуа (зы цӀыхуа абы теуэр - 104,8 мин рубылу гъэм)[3].

Экономикэм и лэжьыгъэ нэхъышъхьу щытыр губгъуэ-былым лэжьыгъэхэр - чэ, лы, кэнтроф, пхъышъхьэмышъхьэ, джэд-зехуэныгъэ.

Абыб пэмыкӀыу хэкум дэт Псков ГРЭС, цӀыкӀу СГ-хэр джоуэ. Великие Лукахэм локомотивщӀыж фабрикэ дэт.

Администрациэ гуэчыгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Псков хэкур и администациэмкӀэ муниципал куей 24-кӀэрэ къалэ-куей 2-кӀэрэ мэгуэч.

Куей Къалэ нэхъышъхьэр
1 Бежаницкэ Бежаницы
2 Великолукскэ Великие Луки
3 Гдовскэ Гдов
4 Дедовичскэ Дедовичи
5 Дновскэ Дно
6 Красногородскэ Красногородск
7 Кунийскэ Куния
8 Локнянскэ Локня
9 Невелскэ Невел
10 Новоржевскэ Новоржев
11 Новосоколническэ Новосоколники
12 Опочецкэ Опочка
13 Островскэ Остров
14 Палкинскэ Палкино
15 Печорскэ Печоры
16 Плусскэ Плусса
17 Порховскэ Порхов
18 Псковскэ Псков
19 Пустошкинскэ Пустошка
20 Пушкиногорскэ Пушкинские Горы
21 Пыталовскэ Пыталово
22 Себежскэ Себеж
23 Стругокрасненскэ Струги Красные
24 Усвятскэ Усвяты
Къалэ куей
1
2

Гулъытыгъу щытыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Псков хэкур Урысей Федерациэм и закъу щыт нып зымыӀэ хэку.

Гулъытыгъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  1. 1.0 1.1 [1] 2010 гъэм шӀышъылэм и 1-мкӀэ къэлъытэгъуэ Псков хэкум и джылэ бжыгъэр (урыс.)
  2. Урысейпсом и джылэбжыгъэ 2002 гъэмкӀэ (урыс.)
  3. Хэку валовэ продукт (урыс.)

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]