Мэлыхъуэбзу
Мэлыхъуэбзу | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Alauda arvensis Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Мэлыхъуэбзу (лат-бз. Alauda arvensis) — уэгунэбзу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Унэбзум хуэдизынщ, и кӀыхьагъыр см. 18, дамэ лъэныкъуэр — 9,9-12,4; къешэч г. 40-м нэс. Быдэу зэхэщӀыхьащ, щхьэшхуэщ. И теплъэкӀэ гъуабжэщ, щхъуэ-гъуэжьыфэ-хужь ӀэпапӀэхэр хэлъу, дамэхэм хужь кусэ тӀурытӀ пхокӀ. Къабзий пхъашэ гъунэхэр хужьщ.
Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Щогъуалъхьэ мэкъупӀэхэм, мэз лъапэхэм, мэз гъуапэхэм. КӀэцӀын яухри мэгъуэлъхьэж мэлыжьыхьым и кӀэхэм. ЩӀыӀэм къигъэзэжу уэс къесмэ анэхэм шыӀэныгъэшхуэ яхэлъу абгъуэм тесщ икӀи хуабэм къигъэзэжыхуэнкӀэ джэдыкӀэхэр ягъэупщӀыӀукъым, ехъулӀэныгъэкӀи кърашын яхузэфӀокӀ.
Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Куэду яшх удзыжь жылэ, хьэцэпэцэ, гъавэ щхьэмыжым илъэлъахэр, мэкъуэмэш къэкӀыгъэхэм зэран яхуэхъу хьэпщхупщхэр.
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.