Мысырпсыхэуэ
Appearance
| Мысырпсыхэуэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
|
Bubulcus ibis Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Мысырпсыхэуэ (лат-бз. Bubulcus ibis) — псыхэуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Теплъэ нэхъыщхьэр хужьыфэщ, бгъэмрэ пщэмрэ гъуэжь-плъыжьыфэщ, тхыцӀэр ягъэдахэ плъыжь-улъиягъафэ цы кӀыхьхэм. Пэ гъуэжьщ, пщагуэщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мысырпсыхэуэхэр щопсэу Азиэ Ипщэм, Африкэм, Америкэм. Ди къэралым щымащӀэщ. Мэпсэу Къаукъазым и ипщэ-къуэкӀыпӀэм, Индыл и хэлъэдапӀэм, Ищхъэрэ Къаукъазым деж зэзэмызэ уащыхуозэ чыцэ, къамыл здыӀут Ӏуфэхэм, хъупӀэхэм, ауэ щыгъуалъхьэкъым.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мысырпсыхэуэм нэхъыбэу ишхыр гъудэбадзэ пӀащэхэращ, къапщтэмэ, пкӀауэхэр. Ӏумпэм ищӀкъым псым хэс псэущхьэ цӀыкӀухэри. Былымхэм (псалъэм папщӀэ, хьэрэхэм, пылхэм) я тхыцӀэм тетӀысхьэурэ щӀыфэм къыхех хьэпӀацӀэ зэмылӀэужьыгъуэ куэд.
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.