Къущхьэхъуджэд

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къущхьэхъуджэд
Къущхьэхъуджэд
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Джэд теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Мэзджэд лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Жумэрэкъхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къущхьэхъуджэд
Латин цӀэр
Tetraogallus caucasicus Pallas, 1811


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 553829
NCBI {{{1}}}
Tetraogallus caucasicus

Къущхьэхъуджэд, къуршгуэгуш (лат-бз. Tetraogallus caucasicus) — мэзджэд лъэпкъым щыщщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къаукъазым деж джэд теплъэхэм я нэхъ лӀэужьыгъуэ пӀащэщ, адакъэхэм ч. 3-м къэзышэч къахокӀ. Унэджэдым ещхьщ, зэхэщӀыхьащ, пщэ кӀэщӀщ, щхьэцӀыкӀущ, пагуэ жьабгъуэщ, лъакъуэ кӀэщӀщ гъумщ, дамэхэр гъуабжэ-щхъуафэщ, тхым фӀыцӀэ гъуэжьфэ кусэ Ӏузэхэр хэлъщ. Хулъащхьэм, бгъэгум кусэ къуаншэхэр ирокӀуэ. Жьэгъур, пщэ джабэхэр, дамэ къабзий пхъашэхэр — хужьщ, гъуабжэ-фӀыцӀафу иухыу. КӀэ щӀагъыр хужьыбзэщ.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къущхьэхъуджэдхэр Къаукъаз тхышхуэм и къущхьэхъум нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щыпсэукъым, эндемикщ, ауэ и гъунэгъу дыдэ лӀэужьыгъуэхэр щыӀэщ Хы Каспий и Ӏуфэхэм, Алтай, Тибет бгылъэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми.

Гъэмахуэм уэсылъэхэм, мылэщхэм я гъунэгъущ, щӀымахуэм нэхъ лъахъшу къох. Щогъуалъхьэ къыр бгъуэнщӀагъхэм, мывэшхуэ щӀагъхэм. ЗэрыкӀэцӀыр 5-8-щ, псори къыхуишкъым. Анэр абгъуэм къытекӀкъым цӀыхур гъунэгъу дыдэу екӀуэлӀами. ТӀэкӀу зэбгъасэмэ, еблэмэ узэрегъэӀэб. Шырхэр цы щабэ Ӏув ятету джэдыкӀэм къопщ.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Я Ӏусым хохьэ къэкӀыгъэ зэмылӀэужьыгъуэ 70-м нэс. Псэущхьэ цӀыкӀуфэкӀуу яшхыр мащӀэ дыдэщ. Псы ефэхэкъым.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.