Къуалэпэгъу

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къуалэпэгъу
Къуалэпэгъу
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Вынд лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Къуалэпэгъухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къуалэпэгъу
Латин цӀэр
Pyrrhocorax graculus
Linnaeus, 1766
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 562652
NCBI 56789
Pyrrhocorax graculus graculus

Къуалэпэгъу (лат-бз. Pyrrhocorax graculus) — вынд теплъэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

И теплъэкӀэ къуанщӀпэплъым ещхьщ, ауэ нэхъ цӀыкӀущ. Езыр фӀыцӀэ лыдщ, пэр гъуэжьщ, лакъуэхэр плъыжьщ. Хъумрэ анэмрэ я теплъэкӀэ зэфэгъущ.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Гупхэурэ мэпсэу, мэгъуалъхьэ бгылъэ щӀыпӀэхэм, лъэтэжкъым. Абгъуэ щащӀ къыр нэпкъ задэхэм. Щопсэухэ Ипщэ Еуропэм, Ишхъэрэ Къажэрым, Курыт Азиэм, Алтайм, Тибетым, Гималайхэм я бгылъэ щӀыпӀэхэм. Къаукъазым и къущхьэхэм щыбэгъуащ, зыщӀыпӀи лъэтэжхэкъым[1][2].

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ӏусыр нэхъыщхьэу — хьэпщхупщ, мэракӀуэхэкӀ.

Гулъытыгъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  1. Маламусов Х.Т. О некоторых закономерностях в зонально-поясном распространении птиц и других представителей животного мира в Кабардино-Балкарской республике. Уч. зап. К-Б НИИ, т. XIV. Налшыч. 1959 гъ.(урыс.)
  2. Маламусов Х.Т. Птицы Центральной части Северного Кавказа. Налшыч. Къэбэрдей-Балъкъэр тхылъ тедзапӀэ. 1967 гъ.(урыс.)

Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.