Къаргъэуэгу
Appearance
Къэргъэуэгу | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Falco tinnunculus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здэгъуэлъхэр илъэспсом | ||||||||||||||||
|
Къаргъэуэ́гу (лат-бз. Falco tinnunculus) — къэргъей лӀэужьыгъуэ мыинщ, дамэ лъэныкъуэр — см 23-27,5 хъууэ.
Теплъэр гъуэжьыфэщ, кусэ гъуабжэхэр хэсу. Хъум и щхьэр, пщэр щхъуафэщ; тхыцӀэм, дамэхэм яхэс ӀэпапӀэ гъуабжэхэм уэгуфэ къыщӀагъауэ.
Щопсэу мэз пӀащӀэхэм, паркхэм, жыг хадэхэм. Мэлъэтэж.
Щогъуалъхьэ къырхэм, нэпкъ задэхэм, жыгыщхьэхэм (жыг гъуанэхэм), псэуалъэхэм, уеблэмэ шэрыпӀ псэущхьэхэм я гъуэхэм.
ЩыщакӀуэкӀэ къоувыӀэри уэгум деж а зы щӀыпӀэм «зиутхыпщӀу» талайкӀэ итщ. Ӏусыр — дзыгъуэ, бзу, шындырхъуо, гъудэбадзэ. Къаргъэуэгум «зэпымууэ лажьэ дзыгъуэ теуэ» хужаӀэ, апхуэдизу бэуэ къеубыдри.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.