Батыргъэн
Appearance
Батыргъэн | ||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||
Heracleum Linnaeus | ||||||||||||
|
Батыргъэн (лат-бз. Heracleum) — лӀэужьыгъуэ зы бжанэу гуэшыжауэ удз лъэпкъыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ди щӀыпӀэм ущрохьэлӀэ гъитӀкӀэ, нэхъыбэкӀэ къэкӀ батыргъэн лӀэужьыгъуэхэм. Абыхэм я лъэгагъыр см 50-100-200-300.
Псоми я тхьэмпэхэр инщ, япкъхэр кунэщӀщ, мэ къакӀэрех. Гъагъэхэр удз щхьэкӀэм Ӏэрамэ хъуреуэ къапедзэ. Батыргъэным тет цы пхъашэм цӀыху щӀыфэр къыритхъмэ, куэдрэ мыхъуж псыбыб ещӀ.
КъыздэкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Нэхъыбэу къыщокӀ мэкъупӀэхэм, мэз лъапэхэм, хуейхэм, къуэхэм, н. щӀыпӀэхэм.
Къэгъэщхьэпэгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тхьэмпэхэр Ӏэщым яшх, къэкӀыгъэм и гъагъэхэм, жылэм, лъабжьэм эфир, дагъэ щӀэт. Абы къыхэкӀыуи батыргъэнхэм, щхьэр игъэузу, мэ къакӀэрех.
ЛӀэужьыгъуэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.