Jump to content

БанэщӀэж

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
БанэщӀэж
БанэщӀэж
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: БанэщӀэж лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: БанэщӀэжхэр
ЛӀэужъыгъуэ: БанэщӀэж
Латин цӀэр
Troglodytes troglodytes Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 178547
NCBI 36278
Troglodytes troglodytes
Cuculus canorus canorus + Troglodytes troglodytes

БанэщӀэ́ж (лат-бз. Troglodytes troglodytes) — унэбзу хэкӀыгъуэщ, лъэпкъ щхьэху мэхъу.

Къаукъазым деж къызэрыкӀуэу къуалэбзущ, лъэтэжкъым. Щопсэу хамэ къэрал куэдым. Нэхъыбэу уаздыпэщӀэхуэр псыӀуфэ мэзхэр, мэз Ӏув здыдэт къуэ псыӀэхэращ.

БанэщӀэжыр къащӀэгъуейкъым. И кӀэ цӀыкӀур сытым щыгъуи исащ, и теплъэкӀэ гъуабжэ-морафэщ. Псэху имыщӀэу гъурц, нэмыщӀ къэкӀыгъэ Ӏув щӀагъым щызожэ. Хъухэр уэрэд жыӀэрейхэ.

БанэщӀэжхэм куэд яшх бэдж, цӀыв, хьэндырабгъуэ, нэхъ мащӀэу — къэкӀыгъэ жылэ, бжьыхьэммэракӀуэхэкӀ. Здэпсэу щӀыпӀэхэр хуабжьу зэрызэщхьэщыкӀым къыхэкӀыу, мы лӀэужьыгъуэм къуэдзэ 40-м нэс къегъэхъу.


  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.