Банэжыг

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Банэжыг
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Magnoliophyta
ХэкӀ: Magnoliopsida
ХэкӀыгъуэ: Fabales
Лъэпкъ: Джэш лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Банэжыгхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Банэжыг
Латин цӀэр
Gleditsia triacanthos
Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 26714
NCBI 54874

Банэжыг (лат-бз. Gleditsia triacanthos) — банэжыг лъэпкъэгъум щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Зи лъэгагъыр м 25-30-м нэс, жьауэ мащӀэ зыщӀ жыгщ. И пхъафэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ, жыгыпкъым, къудамэхэм см 10-15-м нэс я кӀыхьагъу банэ куэд ятетщ, тхьэмпэ цӀыкӀу 16-28-у зэхэт, къабзийм ещхь жыг тхьэмпэхэм я кӀыхьагъыр см 15-20-м нос. МащӀэу гъуэжьыфэ къызыщӀэлъадэ гъэгъахэр накъыгъэм-бадзэуэгъуэм, тхьэмпэ къищӀа нэужь, къыпедзэ. Жылэхэр бжьыхьэм ирихьэлӀэу мэхъу, гъуабжэ-фӀыцӀафэщ, пӀащӀэ-хъурей щӀыкӀэщ.

КъыздэкӀыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

И щӀыналъэр АШЗ-м и ипщэ-къуэкӀыпӀэ штатхэращ. Абым къырашауэ иджыпстукӀэ сыт хуэдэ къэралми ухуозэщ. Нэхъыбэу къыздагъэкӀыр Еуропэм, Азиэм и ипщэ, курыт лъэныкъуэхэращ, щӀыпӀэ нэхъ хуэбапӀэхэм.

Къэгъэщхьэпэгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

И гъэгъахэм бжьэм фо къыхах. Банэ жыгкӀэ хадэ, губгъуэхэр, жыг хадэхэр къраухъуреихь. Ар зэщӀэкӀа нэужь, хадэхэр фӀыуэ Ӏэщым щехъумэ.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.