Адэжынэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Адэжынэ
Адэжынэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Джэдтеплъэхэр
Лъэпкъ: Мэзджэд лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Адэжынэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Адэжынэ
Латин цӀэр
Perdix perdix Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175915
NCBI 9052
Perdix perdix

Адэжы́нэ (лат-бз. Perdix perdix) — джэдтеплъэ хэкӀыгъуэм хыхьэ, мэзджэд лъэпкъым щыщщ. Жыг щыпытӀысхьэр зэзэмызэ дыдэщ.

И щӀыбыр щхъуэ-гъуэбжафэщ, фӀыцӀафэ къыщӀэуэу; пщэ гупэр гъуэжьыфэщ, халъащхьэр щхъуэщ, ныбэгу щӀагъым къандесым ещхьу гъуафэ къызытеуэ бжыгъэ хэлъщ. Анэр нэхъ цӀыкӀущ.

Щопсэу Еуропэм, Азиэ ЦӀыкӀум, Къажэрым, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэм. И нэхъыбэм лъэтэжкъым, мэӀэпхъуэ. Урысейм и ищхъэрэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэхэу уэсыр здэбэм щыӀэхэр ипщэкӀэ къолъатэри щӀымахуэр щырах Ипщэ Хуэхуэлейм, Къаукъазыкум, Курыт Азиэм.

Адэжынэхэм нэхъ бэгъуэгъуафӀэ ди къуалэбзухэм яхэткъым (зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀэ 24-м нос), я бжыгъэм кӀуэ пэтми хощӀ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къахэкӀыу.

Адрей джэдтеплъэхэм ялъытауэ адэжынэр нэхъ щымащӀэщ Къаукъазыкум. Молэмусэ Хь. зэритхымкӀэ[1], е 20 лӀэщӀыгъуэм и 50 гъэхэм ар и бжыгъэкӀэ къызэрыкӀуэу щытащ. ИджыкӀэ нэхъ здэплъагъур мэкъумэшымрэ Ӏэшымрэ здэкӀащхьэ къущхьэ лъапэхэрщ — мэкъупӀэхэм, хьэсэпкъхэм, чыцалъэхэм, псыхъуэхэм.

Ӏус нэхъыщхьэр: удз тхьэмпэ, жылэ, гъавэхэкӀ, хьэпщхупщ.

НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адэджынэ, къацэхэс — беслъэнейхэр зэреджэ;
  • Губгъочэт, ныбгъукӀако — кӀахэ лъэпкъхэр зэреджэ;
  • Губгъуэджэд — къэбэрдей лъэныкъуэм и етӀуанэ еджэкӀэ.

Хабзэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

«Адэжынэм и гъащӀэр Тхьэм уигъэгъэунэху» гъыбзэм къикӀыр: «шынагъуэ зэпымычым ухэмыкӀыу упсэу» жиӀэщ.

Еплъ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]


Гулъытыгъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  1. Къэбэрдейм и фаунэм (къуалэбзухэмкӀэ) теухуа тхыгъэхэр. Молэмусэ Хь. Налшыч. 1955 гъ.

Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.