Jump to content

Агуй-Шапсыгъ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къуажэ
Агуй-Шапсыгъ
КъэралУрысей
Федерациэм и субъектКраснодар Къэрал
Муниципал къедзыгъуэТӀуапсы къедзыгъуэ
КординатхэрКординатхэр: 44°11′01″ с. ш. 39°04′19″ в. д. / 44.183611° с. ш. 39.071944° в. д. (G) (Я)44°11′01″ с. ш. 39°04′19″ в. д. / 44.183611° с. ш. 39.071944° в. д. (G) (Я)
Лъэпкъхэрадыгэхэр, урысхэр
динхэрмуслымхэр , чылыстэнхэр
ЗэманыгъуэрUTC+3
Почтэ индексыр352 816
Автом и кодыр23, 93, 123
ОКАТО03 255 802 008
Агуй-Шапсыгъ (Урысей)
Агуй-Шапсыгъ (Краснодар щӀыгу)

Агуй-ШапсыгъТӀуапсы къедзыгъуэм хэт Нэбыгъу къуажэ тӀысыпӀэм хыхьэ хьэблэ.

Къуажэр Агуае псым и къуэм дэтщ, Ӏуащхьэ Куэлъыхъуэ и лъабжьэм деж. ТӀуапсы къалэ нэс километрэу 14 дэлъщ.

Агуй-Шапсыгъ къуажэр, иджы зи щӀыналъэ къинэжа адыгэ лъэпкъым и зы лъэпкъыгъуэ шапсыгъхэм я тӀысыпӀэ нэхъ ин къэнэжахэм ящыщ зыщ.

ЩӀыпӀэм ита шапсыгъэ хьэблэр зэуэ нэужым Тыркум Ӏэпхъуауэ щтащ. 1872 гъэм абы и пӀэм деж яухуауэ щтащ къуажэ цӀыкӀу Карповкэ.

1935 гъэм къуажэм и цӀэр яхъуэжащ КуйбышевкэкӀэ.

1993 гъэм, гъэтхапэм и 1-м, къуажэм и цӀэр Агуй-ШапсыгъкӀэ яхъуэжащ, шапсыгъэ дэсхэм я цӀэкӀэ.

1905 гъэм къуажэм адыгэ лъапсэу 60 дэтащ.

1989 гъэм къуажэм цӀыхуу 1649 дэсащ. Ахэм ящыщу адыгэхэр — 1 407, урысхэр — 203 икӀи нэмыщӀхэр.

1999 гъэм цӀыху дэсыр 1722 нэс хэхъуащ.

2010 гъэм зэрабжамкӀэ къуажэм цӀыхуу 1 940 дэсщ[1].