Щачэ
Къалэ
Щачэ
|
Щачэ (Шъачэ) (убыхыбзэ: Шьача, апхъазэбзэ: Шəача, ур-бз: Сочи) — Краснодар Къэралым хэт къалэ.
Къалэр хьаблэ къыбгъэдэтхэр дэщӀыгъуу куейуэ щыт "Щачэшхуэ", хьаблэ Магрим ( Шъэпсы псыхъуэм ) иде къыщыщӀедзэри Апхъазым икъэралгъунэм нэс макӀуэ Псоу ипсыхъуэм. ЩӀыпӀу иубыдыр: 3 502 км², жылу дэсыр мин 411.
Езы Щачэ-Къалэм жылу дэсыр - 337, 947.
Тхыдэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Иджырей Щачэшхуэм иЩӀыпӀэм апхъазхэр, убыххэр, шапсыгъхэр жоуэ щыпсэуа. Езы Щачэ-Къалэ иджырейм идей убых къуажэхэр щыӀа: Хьадж Бэрзэдж ер, Аублэхэ яхэр.
Урысхэм къалэ щащӀар 21 мэлыжьыхьым 1838 гъэм, Александриэ быдапӀэ хуэду. 1839 гъэм Александриэ цӀэр НавагинскэкӀэ зарахъуэкӀ. 1864 Даховскэ мэхъу, 1874 - Даховский Посад, 1896 - Сочи траӀуэ.
Жылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]1864 гъэм ипэкӀэ хы Ӏуфэм КъухьапӀэ Къэукъаз лъэныкъуэм мин 300 хуэдиз жылу иса...
1900 гъэмкӀэ, Кондратенко зэритхым жылу дэсар:
- Урыс - 20, 265 (61,4 %)
- Алыдж - 5, 583 (16,9 %)
- Адыгэ - 2, 052 (6,2 %)
- Ермэлы - 1, 305 (4,0 %)
Щачэ 1992 гъэмкӀэ лъэпкъ дэсхэр:
- урыс - 254, 200 (68,7 %)
- ермэлы - 52, 600 (14,2 %)
- хуэхуэл - 21, 900 (5,9 %)
- куржы - 5, 600 (1,5%)
- алыдж - 5, 400 (1,4 %)
- адыгэ - 4, 400 (1,2 %)