Jump to content

Уэгъу

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Уэгъум зэкӀишта щӀыпӀэм и теплъэ

Уэгъу — тхьэмахуэ бжыгъэм щыкӀэдзауэ илъэс зытӀущым нэс дуней зэхъуэкӀыгъуэщ, хуабэ дыдэ хъууэ щӀыфэр и гъэгъуу, уэр (уэшхыр) мащӀэу е езыр щымыӀэу.

Уэгъум и щӀэдзэгъуэр нэхъыбэу зэпхауэ щытыр антициклон имыкӀыу щӀыпӀэм къихьэращ, дыгъэм и хуэбагъым псыӀэ, хыкъумхэр иригъэсурэ щӀыпӀэр къущ мэхъурщ. Апхуэдэурэ хом-хому щӀым псыхэр, хыкъумхэр, псыӀэхэр мэкӀуэдыр яужым къэкӀыгъэхэри хуэкӀуадэщ, куэдым деж псэущхьэ, цӀыхуи щихэкӀуадэ мэхъу.

Уэгъу зэщхьэщыкӀыгъуэхэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Гъэм елъытауэ уэгъуми цӀэ ират, зэщхьэщагъэкӀыр гъатхэ, гъэмауэ, бжыхьэ уэгъухэр.

  1. Гъатхэ уэгъур пасэ хьэцэпэцэхэм папщӀэ нэхъ шынагъэу щытщ, хигъэкӀуадэу.
  2. Гъэмахуэ уэгъур пасэхэм хуэдэу яужирейхэм щхьэкӀи шынагъуэу щытщ, абым нэмыщӀыуи пхыщхьэмыщхьэхэри хигъэкӀуэдэфынущ.
  3. Бжыхьэ уэгъур бжыхьэсэм щхьэкӀэ шынагъуэщ.

ЩӀыпӀэ курытхэм ядеж уэгъур и нэхъыбэм къыздеуэр тафэ щӀыпӀэхэращ, илъэсищэм тӀо-щэ уэгъу мэз щӀыпӀэхэми къохъулӀэр.

Last edited 6 years ago by YiFeiBot