Псэущхьэшх къуалэбзу хэкӀыгъуэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Псэущхьэшх къуалэбзухэм я теплъэхэр

Псэущхьэшх къуалэбзу хэкӀыгъуэр — абы хохьэ лъэпкъих. Ахэр къуалэбзу курытщ, е пӀащэщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Я пэхэр къэгъэшащ, лъэбжьанэхэр папцӀэщ, кӀагуэщ. ЛӀэужьыгъуэ нэхъыбэм хъухэри анэхэри я теплъэкӀэ зэщхьщ, анэр нэхъ пӀащэщ. Илъэсым зэ цы япхъыж.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Дэнэ щӀыпӀи щопсэу. Псэущхьэшххэм илъэсым зэщ къызэрырашыр, япэ къызэдизышахэр я гъащӀэ псом зэгъусэхэщ. Гъуэлъхьэгъуэм къакӀэцӀ джэдыкӀэ бжыгъэр зэхуэдэкъым. Нэхъ пӀащэ пэтми къикӀэцӀыр нэхъ мащӀэщ, абгъуэм зэрытесыр нэхъыбэщ. Псалъэм папщӀэ, бланэукъым къикӀэцӀыр зы джэдыкӀэщ, е тӀущ. Къришын папщӀэ мэзитӀ хуейщ. Лъэтауэ къинэмыщӀа зэрымыщакӀуэхэм папщӀэ псэущхьэшх къуалэбзухэм я дамэхэр лъэщщ, нэхъ жанщ. Ахэр щӀыуэпсым сэбэпышхуэ хуохъу, шэч хэмылъыуи хъумэн хуейхэщ.

ЗэхэгъэкӀыгъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къаргъей теплъэ хэкӀыгъуэр Falconiformes

КӀукӀумяу теплъэ хэкӀыгъуэр Strigiformes


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.