МэкъупӀэджэд лъэпкъыр
МэкъупӀэджэд лъэпкъыр | ||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||
Rallidae Vigors, 1825 | ||||||||||||
|
МэкъупӀэджэд лъэпкъыр (лат-бз. Rallidae) — къру хэкӀыгъуэм щыщ лъэпкъщ.
Лъэпкъыгъуэ бжыгъэ къызэщӀеубэдэщ. Дэнэ щӀыпӀи щопсэу, Арктикэм къинэмыщӀа. ЛӀэужьыгъуэ нэхъыбэр щӀыпӀэ хуабэхэм щыӀэщ.
МэкъупӀэджэдхэр щӀылъэ къуалэбзухэщ, хьэщӀапӀэу къыхах къэкӀыгъэ Ӏув здэщыӀэ щӀыпӀэ псыӀэ, псыпцӀэ, хыкъум Ӏуфэхэр. ПсынщӀэу къэкӀыгъэ Ӏувым щызокӀуэ. Лъэтэн къаухьэлъэкӀ, амал иӀэуи заӀэтынукъым, къэкӀыгъэхэм зыщагъэпщкӀуну нэхъ къыхах. ХытӀыгухэм щыӀэ лӀэужьыгъуэ гуэрэхэр лъэтэжыфхэкъым, куэдрэ фӀыуэ йос, я зы ныкъуэми псым фӀыуэ зыщӀагъэмбрыуэ.
Щогъуалъхьэ къэкӀыгъэ Ӏувхэм, абгъуэр фӀыуэ ягъэпщкӀу. Я зэ гъуэлъхьэгъуэр, зэрыхабзэщи, джэдыкӀэ къуэлэни 7-11. Анэми хъуми къызэдыраш махуэ 19-23-кӀэ. МэкъупӀэджэд лӀэужьыгъуэхэр щӀылъэрыгъуалъхьэхэщ, джэджьейхэр джэдыкӀэм къызэрипщу щӀопхъуэф, йосыф, ауэ лъэтэф щыхъур зэман текӀмэщ.
ЗэхэгъэкӀыгъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Лъэпкъ къуэдзэ Himantornithinae
- Лъэпкъыгъуэ Himantornis
Лъэпкъ къуэдзэ Rallinae
- Лъэпкъыгъуэ Sarothrura (лӀэужьыгъуи-9)
- Лъэпкъыгъуэ Canirallus
- Лъэпкъыгъуэ Coturnicops
- Лъэпкъыгъуэ Micropygia
- Лъэпкъыгъуэ Rallina (лӀэужьыгъуи-8)
- Лъэпкъыгъуэ Anurolimnas (лӀэужьыгъуи-3)
- Лъэпкъыгъуэ Atlantisia
- Лъэпкъыгъуэ Laterallus (лӀэужьыгъуи-10)
- Лъэпкъыгъуэ Nesoclopeus (лӀэужьыгъуи-2)
- Лъэпкъыгъуэ Gallirallus (лӀэужьыгъуэ-14)
- Лъэпкъыгъуэ МэкъупӀэджэдхэр — Rallus (лӀэужьыгъуи-9)
- Лъэпкъыгъуэ Lewinia (лӀэужьыгъуи-3)
- Лъэпкъыгъуэ Dryolimnas
- Лъэпкъыгъуэ Crecopsis
- Лъэпкъыгъуэ Crex
- Лъэпкъыгъуэ Rougetius
- Лъэпкъыгъуэ Aramidopsis
Лъэпкъ къуэдзэ Gallinulinae
- Лъэпкъыгъуэ Aramides (лӀэужьыгъуи-7)
- Лъэпкъыгъуэ Amaurolimnas
- Лъэпкъыгъуэ Gymnocrex (лӀэужьыгъуи-3)
- Лъэпкъыгъуэ Amaurornis (лӀэужьыгъуи-9)
- Лъэпкъыгъуэ Бгъэнджэдхэр — Porzana (лӀэужьыгъуэ-18)
- Лъэпкъыгъуэ Aenigmatolimnas
- Лъэпкъыгъуэ Cyanolimnas
- Лъэпкъыгъуэ Neocrex (лӀэужьыгъуи-2)
- Лъэпкъыгъуэ Pardirallus (лӀэужьыгъуи-3)
- Лъэпкъыгъуэ Eulabeornis
- Лъэпкъыгъуэ Habroptila
- Лъэпкъыгъуэ Megacrex
- Лъэпкъыгъуэ Gallicrex
- Лъэпкъыгъуэ НатӀэплъджэдхэр — Porphyrio (лӀэужьыгъуи-5)
- Лъэпкъыгъуэ Къамылджэдхэр — Gallinula (лӀэужьыгъуи-9)
- Лъэпкъыгъуэ Псыджэдхэр — Fulica (лӀэужьыгъуэ-11)
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.