Мэзхуэусэ
Appearance
Мэзхуэусэ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Lullula arborea Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Мэзхуэусэ (лат-бз. Lullula arborea) — уэгунэбзу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ТеплъэкӀэ бзухьэгуагуэм ещхьщ, нэхъ цӀыкӀущ. ТхыцӀэр гъуабжэщ, кусэ фӀыцӀэхэр ирехыу, ныбэ щӀагъыр хужьщ удзыфэ-гъуэжь къыщӀэуэу, хулъащхьэмрэ бгъэгумрэ кусэ фӀыцӀэ цӀыкӀухэр хэсщ, и кӀэ къабзийхэм хужь ӀэпапӀэ щимэхэр хыболъагъуэ. И щхьэм хьэгуагуэ мащӀэ тесщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мэзхуэусэхэр щогъуалъхьэ Къаукъазым нэмыщӀу Ищхъэрэ Африкэм, Курыт, КъухьэпӀэ Еуропэм, Азиэ ЦӀыкӀум я мэз гъунэхэм. Ди хэгъуэгухэм мылъэтэжу щопсэу. Абгъуэр щыщӀ щӀылъэ кумб цӀыкӀухэм. Гъэм тӀо мэгъуалъхьэ.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусым хохьэ цӀыв, щыгъыныхь, хъумпӀэцӀэдж, нэгъуэщӀхэуи удзым къыщагъуэтыр. Гъатхэмрэ бжыхьэмрэ къэкӀыгъэ жылэ яуӀу.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.