Jump to content

Къумадэджынэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къумадэджынэ
Къумадэджынэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Джэд теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Мэзджэд лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Къумджэдхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къумадэджынэ
Латин цӀэр
Ammoperdix griseogularis
Brandt, 1843


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175947
NCBI {{{1}}}

Къумадэджынэ (лат-бз. Ammoperdix griseogularis) — мэзджэд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Ещхьщ къуршджэдым, ауэ нэхъ цӀыкӀущ. Къешэч г. 200 хуэдиз. Хъухэм я теплъэр щхъуэщ, мащӀэу тхьэмбылыфэ къыщӀэуэу, и пкъыщхьэм мащӀэу къыхэщу ӀэпапӀэ цӀыкӀухэр хэпхъауэ ирокӀуэкӀщ. Гу лъытыгъуэр и теплъэм хужь кусэ цӀыкӀура и пэм деж къыщыщӀидзэу и тхьэкӀумэм нэс екӀуэкӀыр, абдежым гъуэжь ӀэпапӀэ хъурей хъууэ. И бгъухэмкӀэ кусэ гъуабжэ-фӀыцӀафэхэр ирохыр. Анэм и теплъэр нэхъ фагъуэщ — щхьэмрэ, и бгъухэмрэ кусэхэр хэлъкъым. Я пэр гъуэжьщ, лъакъуэхэр гъуэжь-фӀеифэщ.

Азиэм и Ӏэхьэ нэхъыбэр хеубыдэ. Къажэрым и ищхъэрэ-къухьэпӀэ лъэныкъуэм къыщыщӀэдзауэ Инд псыхъуэм нэс, абым нэмыщӀу Азиэ Курытми и къумылъэ щӀыпӀэхэм я нэхъыбэм. Абгъуэр щӀым щещӀ, удз лъагэ Ӏуву зэщӀэкӀахэм. Къыришыр шыри 10-16, мащӀэу 18-м нэс къышыриш мэхъу.

Нэхъыщхьэу и Ӏусыр къэкӀыгъэхэм я пкъыщӀэ, жылэ, мэракӀуэ. Нэхъ мащӀэу хъумпӀэцӀэдж, цӀыв, хьэпщхупщ.

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.