Ӏаткъуаджэ
Посёлок
Ӏаткъуаджэ
урбз. Красная Поляна
|
Ӏаткъуаджэ (Ӏаткъуажэ) (аз-бз. Ҟәбаадәы, урбз. Красная Поляна) Шъачэшхуэ хэт къалэ, Краснодар къэралым. Мдзымтэ ипсыхъуэм дэт, км 39 хы Ӏуфэм къыщыкӀэдзауэ удэкӀуэмэ[1].
Тхыдэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ижъ-ижъыжь лъандэрэ апхъаз лъэпӀкъхэм я къуаджэ щыӀа а шӀыпӀэм, япэреуэ садзхэм яужкӀэ медовеехэм. 1835 гъэмкӀэ Торнау зэритхым, хьаблэм АрткъуаджэкӀэ (Ӏаткъуадж) йоджэ, 1864 гъэм медовеехэм я къуаджэ Гәбаадәы ("Гунбэ я губгъуэ"). 1869 гъэм хьаблэ Красная Поляна урысхэм халъхьэ, 1878 гъэм Урысейм, Ставропол къэралым, Эстониэм къокуэчри, джылэ къыдотӀысхьа - урыс, алыдж, эстон Ӏамэ.
21 накъыгъэм 1864 гъэм а шӀыпӀэм урысейм идзипӀлӀы зэхохьа: Малолабинскэ - Граббе дзэзэшэм ей, Псхувскэ - Шатилов дзэзэшэм ей, Даховскэ - Гейман дзэзэшэм ей, Ачипсуховскэ - Святополк-Мирскэ дзэзэшэм ей. Я Ӏаташъхьа-пщы Михаил Николаевич ядэкӀыгъу абдежьым тхылъ къыкӀагъэкӀыр Урысей-Къаукъаз зауэр зэраухар.