Унэ къазхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Унэ къазхэр (лат-бз. Anser anser domesticus, Anser cygnoides) — губгъуэкъаз (е къазыщхъуэ) Ӏэлым къытехъукӀащ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ТеплъэкӀи, пкъы гъэпсыкӀэкӀи хуабжьу ещхьщ къазыщхъуэм.

Зехуэныгъэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Я лыр джэдкъаз лӀэухьыгъуэ псом яйм нэхърэ нэхъ къыуатщ. ХъупӀэхэр хуабжьу дэгъуэу къагъэщхьэпэ. КӀэцӀын яублэ я ныбжьыр илъэс иримыкъупэу. ДжэдыкӀэу къакӀэцӀыр 30-40-щ. Урысейм унэ къаз лӀэужьыгъуэ куэд щыхъу, хамэ къэралхэм къырашауи, къыщагъэхъуауи.

Тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Унэ къазхэм ижь-ижьыж дыдэм рымхэм я къэлащхьэ Рим бийм къызэрырагъэлам и хъыбар куэдым ящӀэ. Ауэ мащӀэщ щыгъуазэр къазхэр Ӏэщэ (сэшхуэ) гъэхьэзырыным адыгэ гъукӀэ Ӏэзэхэм къызэрагъэщхьэпэу щытар. Сэшхуэр къызыхахыну гъущӀ пычахуэхэр Ӏусым хэлъу къазхэм ирагъэшхт. Ар нэгэгъум ипсыхьт мафӀэм нэхърэ нэхъ лъэшу икӀи Ӏэщэр зыщӀыпӀэм къыщымынауэ быдэ, лантӀэ хъуным щхьэпэт[1]

ЛӀэужьыгъуэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Унэ къазхэм лӀэужьыгъуэ тӀощӀым фӀэкӀ зэщӀеубыдэщ, я нэхъыбэр Еуропэ къэралхэм къэхагъэшауэ, абыхэм ящыщщ адыгэбзэм гъэунэхуауэ хэтхэр:

Гулъытыгъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  1. Яхтанигов Х.Х. Экспонаты повествуют. Налшыч. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». 1984 гъ.

Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.