Jump to content

Титикакэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Титикакэ (исп-бз. Titicaca) - Ипщэ Америкэм псынэпс псыитхэм щынэхъиндыдэщ[1]. Гуэлу хъуам етӀыуанэ увыпӀэр щиӀыгъщ. Мы псым ицӀэр кечуэ лъэпкъым и бзэм пумэ къыр жоу къокӀ (тити - пумэ, кака - къыр).

Еуропехэм гуэлыр япэдыдэу зэралъэгъуауэщыта сурэт (1553)

Титикакэ псыитыр Андытхым Перумрэ Бэливиемрэ язэхуакум дэт метрэ 3812-м зи лъэгагъ бгыуанышхуэм итщ. Псыщхьэм иинагъыр км² 8300 мэхъу. ЩӀэныгъэлӀхэм щӀыпӀэ щытыкӀэхэм (топографие), псэущхьэхэм, химиэ зэхэлъыкӀэм щыкӀэлъыплъым къагъэунэхуащ Титикакэр зы уахътэ гуэрым хылъэу зэрыщытар метрэ 3750-кӀэ нэхъ лахъшэу итыу. ЩӀэныгъэлӀхэм зэрабжымкӀэ Титикакэр илъэс милыуанищэ ипэ хым щыщу щытащ. Иджыри къыздэсым а псым хэс псэущхьэхэр янэхъыбапӀэмкӀэ хыхэс бдзэжьейхэщ, хыхэс алыркъэш теплъэм щыщхэщ. Щыхьэт тхуэхъунущ псы Ӏуфэм къекӀуэкӀ псыпыхупӀэхэр, къэнэжа псэущхьэ диижахэр. Андытхыр бгытещӀэщӀэщ, ди уахътэми къокӀ, икӀыхьагъ псоми щызэхуэмыдэми (ипщэмкӀэ - нэхъ хуэмэу, ищхъэрэмкӀэ - нэхъ хуабжьэу) хохъуэ.

ЦӀэм икъытехъукӀыныгъэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Мы иджырей цӀэр псыитым къезытахэр эспанхэращ, абы ипэ кечуэ лъэпкъыр псым зэреджэтыр «Мамакота», абы ипэж «Пукинэпс» пукинэ лъэпкъ щыпсэум ицӀэкӀэ[2].

Гуэлыр Перумрэ Бэливиемрэ я гъунапкъэм тетщ, Алтиплано къурш щыгум. Илъэсым и уахътэм елъытауэ км² 8300 хъу псыщхьэм иинагъым зехъуэж хэщӀ-хэхъуэурэ. Псым икуагъыр метрэ 281 мэхъу. Гуэлым икуркупсэм итемпературэм зэи зихъуэжкъым, 10-12°C мэхъу, ауэ жэщым псыӀуфэхэр щыдий къохъу кӀэщӀ-кӀэщӀыу. Гуэлым холъадэ мылылъэхэм къыщӀэж псыхъуэ бжыгъэу 300-м нэс, къыхэжыр зыпсзакъуэщ - Десэгуэдеро, ари Бэливием ит Поопо псыитым холъадэж. Псыитым ипс игъэкӀуэдым инахъыбэр дыгъэм Ӏех (%95), адрей %5-р Десэгуэдеро'псым ехь. Псым ишугъагъыр 1-м щӀигъукъым, аращи ар псыкъабзэу уеджэхъунущ. ПсыӀуфэм тет къалэхэм янэхъиндыдэр Пунэщ. Абы намыщӀ щыпсэу лъэпкъхэм ящыщ ӀурэскӀэ зэджэ псым тет псытӀыгу ӀэрыщӀхэм щопсэухэ.

ПсыщӀагъ лэжьыгъэхэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Е-2000-й илъэсым урым щӀэныгъэлӀхэм Титикакэм метрэ-30 кууагъым нывэкӀэ къищӀыкӀауэ бгыгъунэкӀухьрэ, 1 км хъу блынрэ, нывэм къыхэӀущӀыкӀауэ цӀыхущхьэрэ щагъуэтащ. КъызэралъытэмкӀэ къагъуэта пкъыгъуэхэм яныбжьыр илъэс 1500-м нос. Лъэпкъым яӀуэрыӀуатэм зэрыжыӀэмкӀэ Титикакэпсым и лъабжьэ дыдэм Ванакуу къалэжьыр щӀэтщ[3]

  1. Lake Titicaca, на сайте Всемирного наследия ЮНЕСКО.
  2. Guamán Yoma de Ayala, 1615: 171, 178
  3. «Древние пришельцы. Подводные миры» (ин-бз. Ancient Aliens. Underwater Worlds) — научно-популярный фильм, снятый в 2011 г.