Тепсэлъэхьыгъуэ:Мышгыч
Appearance
Щхьэ шэшэнхэр мышгычу тха? Къэбэрдейм псоми зэраIуэмкIэ шэшэнщ ахэр. Езы шэшэнхэм я уикипедиэми, урыс уикипедиэм уиплъэми, урысыбзэ псалъэ чеченцы-р адыгэцIэ шэшэным къытехъукIауэ ябж. Мышгыч ерэ нэхъ зэрыжаIэмкIэ мышкъышхэкIэ Къэбэрдейм зэджэр ингушхэращ, ерэ ингушхэри шэшэнхэри зэгъусэу щыжаIэм дежщ (нэхъ пэжу пIуатэм мышкъышыр вайнах псалъэращ зыпэкIуэр). Albora7 (talk) 09:40, 2 Мэлыжьыхьым и 2014 (MSK)
- Еплъ, еджэ мис мыбым Тепсэлъыхьыгъуэ. ӀуэрыӀуатэм, хъыбарыжьхэм, псалъэшэрыуэхэм нэгъунэ шэшэнхэр зэрыхэтыр МЫШГЫЧ. Шэшэн псалъэр адыгэбзэм къызэрхэкӀар гупшысэ къуэдейщ, ар гъэзэнщӀауэ, къэгъэунэхуауэ щыткъым! Богупс (talk) 15:43, 2 Мэлыжьыхьым и 2014 (MSK)
- Шэшэнхэр япэрей IуэрыIуатэхэм хъыбарыжьхэм Мышгычу ерэ мышкъышу зэрыхэтхэм шэч теслъхьэкъым, пэжщ ар. Иджырей зэмаными Къэбэрдейм нэхъ ныбжь зиIэ цIыхухэм шэшнхэми ингушхэми зэгъусэу апхуэдэу йоджэхэр. Ауэ зэрыжысIащи а псалъэр нэхъ зыхуэкIуэр Вайнах псалъэращ. Псалъэм папщIэ къущхьэхэм теухуауэ щапхъэ къэфхьахэм нэмыщI, Къэбэрдейм япэм щыгъуэ Дагъыстэным ис лъэпкъу хъуам къумыкъут зэрежэхэр, тыркубзэкIэ ахэр псалъэхэми е лэзгыныбзэкIэми, е лакыбзэкIэми. Ауэ псоми а зы цIэр иджы тхуепхынукъым, уикипедиэм абыхэм псоми датепсэлъыхьыну дыхуейуэ щтымэ. Аращи уикипедиэм вайнаххэм зэгуэру датепсэлъыхьыну дыхуей хъум, абыи мышгычщ дызэреджэ хъунур, апхуэдэуи абы аткIэ зэхэзэрыхь къыхэкIынущ. Albora7 (talk) 02:55, 3 Мэлыжьыхьым и 2014 (MSK)
Start a discussion about Мышгыч
Talk pages are where people discuss how to make content on Уикипедиэ the best that it can be. You can use this page to start a discussion with others about how to improve Мышгыч.