Псыхэуэпщагуэ
Псыхэуэпщагуэ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Nycticorax nycticorax Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырих | ||||||||||||||||
|
Псыхэуэпщагуэ (лат-бз. Nycticorax nycticorax) — псыхэуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
И щхьэщыгур, тхыцӀащхьэр фӀыцӀэ-щӀыху лыдщ. НатӀэр, нащхьэр, ныбэ щӀагъыр сырыхуфэщ. Дамэхэр, кӀэпкъыщхьэр, кӀэ кӀагуэр фӀыцӀэщ.
Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Щопсэу Еуразиэм, Африкэм, Ипщэ Америкэм. Къаукъазым щымащӀэщ. Мэлъэтэж. Мэгъуалъхьэ гуп-гупурэ, псы, псыпцӀэлъэм — къэкӀыгъэ Ӏув лъагэ здэщыӀэхэм. Гуоурейщ, махуэкӀэ жьауэ щӀэсщ, жэщкӀэ мэщакӀуэ.
Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Ӏусыр — хьэпщхупщ, хьэндыркъуакъуэ, шындырхъуо, дзыгъуэ.
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.