Jump to content

Псыфэнд

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Псыфэнд
Псыфэнд
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
ХэкӀ: ШэрыпӀхэр
ХэкӀыгъуэ: ЛъабжьэтӀуахэр
Лъэпкъ: Псыфэнд лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Псыфэндхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Псыфэнд
Латин цӀэр
Hippopotamus amphibius
Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 625024
NCBI 9833

Псыфэнд е псышъонт (лат-бз. Hippopotamus amphibius) — шэрыпӀ псэущхьэщ, лапэтӀуа хьэкӀыгъуэм щыщщ, кхъуэ теплъэ хэкӀыгъуэ къуэдзэ, псыфэнд лъэпкъщ. Иджырей зэманым щыщ лӀэужьыкъуэ закъуэщ псыфэнд лъэпкъэгъум щыщу дунейм къытенэжа.

Псыфэндыр псэущхьэ цӀэрыӀу щыт щхьэкӀэ, и псэукӀэ-дунейтетыкӀэр фӀыуэ гъуэнэхуауэ щыткъым. Абым хуэдэу, и псэукӀэр, шэныр, нэмыщӀ псэущхьэхэм генкӀэ зэрапыщӀар, Ӏэплъэпкъ щытыкӀэр мащӀэу щӀэныгъэкӀэ гъэпсауэ щытщ. НэхъыбэкӀэ ар къызхэкӀыр псыфэндхэм я щӀэлъыплъыныр гугъу зэрщытыращ, махуэм и нэхъыбэ зэманыр псым хэсу ягъакӀуэ[1]. Абым хуэдуи иджыри къыздынэсым фӀыуэ къэгъэунэхуауэ щыткъым псыфэндым и эволуциэм и тхыдэр, дауэ щымытми, ящӀэщ зэман куэд дыдэ дэмыкӀауэ, эволуциэмкӀэ къэлъытамэ, Африкэм зэдэпсэуауэ щытащ псыфэнд лӀэужьыгъуэ зы бжьыгъэ. Иджыпсту Африкэм, псыфэндым щымыхъукӀэ, мащӀэу къэнэжауэ щопсэу зы лӀэужьыгъуэ , лъэпкъыгъуэ псыфэнджьейхэм ящыщу Choeropsis liberiensis

ШэнкӀэ псыфэндыр бзаджэ дыдэщ. Псыфэнд хъуитӀ щызэзауэм деж, и нэхъыбэм зыр хуокӀуадэр. ЦӀыхум щытеуэри куэдщ. Псыфэндыр Африкэм и псэущхьэ нэхъ щынагъуэ дыдэу щытщ, абым и ӀэщӀагъэу цӀыху нэхъыбэ хуокӀуадэ илъэс къэс, хьэщхэм, хывхэм, щомыщхэм яӀэщӀэкӀуадэм елъытамэ[2].

Нэхъыщхьэ теплъэмрэ Ӏэплъэпкъымрэ

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Псыфэндыр и теплъэкӀэ къэщӀэгъуафӀэщ. И пкъыр фэндышхуэ гъэпщам хуэдэу щытщ, лъэ кӀэщӀ гъумхэм тету. И лъакъуэхэр апхуэдизымкӀэ кӀэщӀщи, щызекӀуэм деж и ныбэр щӀым щилъэфыхь жыпӀэ хъунущ. И щхьэр иныжьщ, и бгъумкӀэ уӀуплъэмэ плӀимафэу щыту, и хьэлъагъкӀэ и Ӏэплъэпкъым и еплӀанэ Ӏыхьэ хуэдизщ, ч. 900 нэсу[3]. Пэгъуанэхэр, нэхэр, тхьэкӀумэхэр, хуэӀэтауэ зэхуэзэху щытхэщ, абым папщӀэ псыфэндыр мэбауэ, маплъэ, мэдаӀуэ псым къыхэмыкӀыу, и щхьэшыгу къыхих къуэдеуэ. И пщэр кӀэщӀ дыдэщ, иӀэкъым жыпӀэ хъунэу. Нэхэр цӀыкӀущ, напӀэ Ӏувхэр я хъуреягъкӀэ къекӀуэкӀыу. И пэгъуанэхэр бгъуэщ, дэгъэзеяуэ щытху, быду зызэтрапӀэфӀ лыпцӀэ лъэш зэрахэлъым папщӀэ. ТхьэкӀумэхэр цӀыкӀущ, нэжэгужэщ. Псыфэнд псым хэсыр сыт щыгъуи и тхьэкӀумэхэр егъэджэгу гъудэ-бадзэхэр е бзухэр, и щхьэшыгум тетӀысхьэхэр триху[4].

Псыфэндым и нэӀур бгъуэщ, и гупӀэкӀэ Ӏув пащӀэхэр тету. Жьэбгъум и бгъуагъыр см 60-70 хуэдиз мэхъущ. И жьэр гу лъытыгъуэу ину зэтрехыфыр, градус 150 хуэдизу[4]. И лъапэхэм лъпхъуамбиплӀу япытщ, псори лъабжьэ теплъу иуху. Лъэпхъуамбэ зэхуакухэм фэ ядэтщ, есыным къыдэӀэпыкъу[5]. ЩӀым е псыпцӀэм тету псэущхьэм къыщикӀухьым деж, и лъэхъуамбэхэр зэгуокӀри я зэхуакум дэт фэр зэщӀэкӀаш, абым папщӀэ и лъэм фӀыуэ тетщ, ятӀэгъуэм хэмыфахъуэу[4]. И кӀэр кӀэщӀщ, теплъэ зэхуэмызагъэ иӀэу, и къыхэкӀыпӀэм деж хъуреуэ, кӀапэм деж хуэкӀурэ пӀащӀэ хъууэ, апхуэдэ кӀэр къедзэщхьэпэщ и вэнвейр зэбгыридзыным папщӀэ, абым мыхьэнэ хэлъщ нэмыщӀ псыфэндхэм зыкъаригъэщӀэным щхьэкӀэ.

Псыфэндыр иджырей псэущхьэ щыӀэхэм я нэхъ индыдэхэм ящыщщ. Псэущхьэ т. 3 къэзышэч кудщ къахэкӀыр, къэӀуохугъуэ бжыгъи щыӀэщ псэущхьэ зи хьэлъагъхэр т. 4,5 щӀыгъу. Нэхъ хьэлъэдыдэу щытахэм я хъыбархэр заху щыткъым, згуэрэм къызэрыхэкӀымкӀэ ч. 4, 064 мэхъур, нэмыщӀхэм къызэрыхэкӀыр ч. 4, 500[6][7]. Псыфэндым и лъэгагъыр м 1, 65 носщ. Псэущхьэ зэфӀэувам и кӀыхьагъыр м. 3 щӀогъур, м. 5,4 щынэси щыӀэщ[8]. КӀэм и кӀыхьагъыр см 56. ЗэрыхъумкӀэ псыфэндыр пэбжьэхужым поуэр и хьэлъагъкӀэ етӀуанэ пэмкӀэ, нэхъ хьэлъэдыдэ псэущхьу щыӀэхэм дунейм.

  • Eltringham, Stewart Keith. The hippos: natural history and conservation. ТхылътедзапӀэ «Academic Press». 1999 гъэ. Нап. 190 ISBN 0-85661-131-X (индж.)
  • А. Г. Банников, П. П. Второв, Т. Д. Гладкова. Жизнь животных. ТхылътедзапӀэ «Просвещение». 1971 гъэ. 6 ыхьэ. Нап. 446—449. (урыс.)
  • Chris & Tilde Stuart: Field Guide to the Larger Mammals of Afrika. Struik, 2000, ISBN 1-86872-534-0 (индж.)
  • Ronald M. Nowak: Walker’s Mammals of the World. Johns Hopkins University Press, 1999 ISBN 0-8018-5789-9 (индж.)
  • Almuth Behrmann: Das Nilpferd in der Vorstellungswelt der Alten Ägypter, Bern 1989, ISBN 3-631-48964-1