Псыфаб
Къалэ
Псыфаб
|
Псыфаб (Псыхуабэ, урбз. Горячий Ключ) — Урысейм и Краснодар къэралым хэт къалэ. Къаукъаз Ӏуашъхьахэм Ишъхъэрэ-КъуэхьапӀэ лъэныкъуэм хэлъ, ПсыкӀупс ипсыхъуэм дэт.
Псыхуабэ къалэ-зыгъэпсэхупӀэхэм ящыщ, Къаукъазым дэтхэм я нэхъ жьыхэм ящыщ - 1864 гъэм урысхэм къалу траӀуа.
Джылу дэсыр - мин 29, 174 ( 2009 гъэмкӀэ ). Хьаблэ къыбгъэдэтхэр хэту джылу хъуар зэрыхъур - мин 55, 716 (2009 гъэмкӀэ).
Хэкумэтх
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Псыфаб къалэм ишӀыпӀэмрэ, хьаблэ хэт игъунэгъухэмрэ (зэхэту псори хьаблэ 31 мэхъу) яубыдыр км² 1 755, 6. 70 % фӀэкӀыу шӀыпӀэм мэз къыщокӀыр. Ипшъэ лъэныкъуэм Псыфаб-къэрал мэз-хъумэр хэт.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]XIX лъэхъэнэм иныкъуэм нэс къалъэм ишӀыпӀэм адыгэ (абдзэх) къуаджэ щыта.
1960 гъэхэм, Урысейм зауэр Къаукъазым иригъэкӀуэкӀыурэ шӀыпӀэр еубыдыр, джылэ адыгэ исар Тыркум ирегъэкӀри къэзакъхэм хьаблэ щащыр.
1930 гъэм къалэ-зыгъэпсэхупӀэ траӀуэ.
Къалэмрэ хьаблэ хэтхэмрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- къалэ Псыфаб
хьаблэ хиубыдэхэр:
- Бакинскэ станицэ
- Мирнэ
- Имеретинскэ станицэ
- Кутаис
- Саратовскэ станицэ
- Суздалскэ станицэ
- Первомайскэ
Джылу дэсыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Лъэпкъ нэхъ ину дэсыр урысхэра - 85 %, абыхэм пэмыкӀыу ермэлыхэр. Хьаблэ хиубыдэхэм джылэ щыпсохэр игъусу дэсыр зэрыхъур мин 55, 716.
1959 | мин 9, 9 |
1970 | мин 19, 8 |
1979 | мин 22, 6 |
1989 | мин 25, 6 |
2000 | мин 28, 3 |
2004 | мин 27, 7 |
2009 | мин 29, 17 |