Прунж
Appearance
Прунж | ||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||
Oryza Linnaeus | ||||||||||||
|
Прунж (лат-бз. Orýza) — хьэцэпэцэ лъэпкъым щыщщ, гъавэхэкӀ къэкӀыгъэщ.
И лъэгагъыр см. 50-150-м нос, псы бэуэ зыщӀагъэлъадэ лӀэужьыгъуэхэр уеблэмэ м. 2-5-кӀэ докӀей. И лъабжьэр лъэхъцу зэхэтщ, см. 30-40-кӀэ йокӀых, и пкъыр, хьэцэпэцэ къызэрыгуэкӀым ещхьу, кунэщӀщ. КъэкӀыгъэм цы теткъым, и бзийхэр бгъузэ-кӀыхьщ, см. 15-25-рэ я кӀыхьагъщ, см. 1-2-рэ я бгъуагъщ, зы гъэкӀэ фӀэкӀ къэкӀкъым. Гъэмахуэм гъашэ къыдедз, бжыхьэм и жылэхэр мэхъу. Бэгъавэ ин къезыт къэкӀыгъэщ.
Прунжыр цӀыхухэм щащӀэ щӀы гектар милиони 135-м, гуэдзым къыщинэмыщӀауэ, мыбы хуэдэу щӀы бэуэ зыубыд зы къэкӀыгъи щыӀэкъым.
Прунж къэхъупэ щӀэныгъэлъхэм къалъытэр Индиэращ. Адыгэхэм прунжыр къагъэкӀыу щытами куэд щӀауэ шхыныгъуэу къагъэщхьэпэ, къэкӀыгъэр зыхуэдэри фӀыуэ ящӀэ.
НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэм
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Пындж, пынджы — кӀахэм зэреджэр
- Прундж — беслъэнехэм зэреджэр
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхыгъэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. Хьэкъун Б. Налшыч. 1992 гъ.