Носаппу
Appearance
Носаппу (япон.-бз. 納沙布岬) — Хоккайдэ и ныкъуэтӀыгу Немурэ телъ къуапэ. Административнэу Хоккайдэ регионым и Немурэ куейм хохьэр. Къуапэр Японэм и къуэкӀыпӀэ дыдэ пӀэуэ щытщ.
Къуапэр Совет ӀузэвымкӀэ къыгуъгъэщхьэхукӀащ Урысей и МащӀэ Курилэм хыхьэ Сигналнэ, Рифовэ, Сторожевой тӀыгухэм. Ахэм аткӀэ а тӀыгу гупым я нэхъ ин тӀыгу Танфилевэ тӀыгур щылъщ.
International Hydrographic Organization зэрилъытэмкӀэ Носаппу къуапэ щыщӀэдзауэ Лопаткэ къуапэм нэс Курилэ тӀыгухэмкӀэ Хы Охотскым и къуэкӀыпӀэ гъунэр ирокӀуэ[1].
Сурэтылъэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Японэм и къуэкӀыпӀэ дыдэ пӀэр къэзыгъэлъагъуэ монумент
- Къуапэм деж Ӏут лъэмыж
- Къуапэм тет нэху чэщэныр
Гулъытэгъуэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ↑ Limits of oceans ans seas — International Hydrographic Organization
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Япон теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |