МэракӀуапцӀэ
МэракӀуапцӀэ | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Eubatus | ||||||||||||||
|
МэракӀуапцӀэ (лат-бз.: Rubus caesius, ур-бз.: Ежевика) — пабжъэ-къэкӀыгъэ хьацыбанэ-лъэпкъым ящыщ.
ЗэрзэфӀэтыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ИмэракӀуэхэр хъухукӀэ япэ удзыфэ мэхъухэ, яуж гъуабджэ, тӀанэ плъыжь-гъуабджафэ мэхъухэ. МэракӀуэ хъуахэм яфэр къуафцӀу щыт.
КъэкӀыгъэр пабжъэ мы ину щыт, ичыхухэмрэ и къудамэхэмрэ банэ ятету. Къудамэхэр чыцӀынэм хуэду щытхэ - зэ дэкӀеуэ, зэ шӀым заубгъурэ кӀыуэ. Тхьампэхэр гъэчхэм щырыщу къытокӀэ, жэпкъ лапэмкӀэ тет гъэчхэм тхурытхурэ ятет.
МэракӀуэпсыр плъыжь-кӀынфӀу, езы мэракӀуэр гуашӀэ, ипшъэ лъэныкъуэхэм къыщыкӀхэм я мэракӀуэхэр нэхъ ӀафӀу щытхэ.
Куэду Еуропэ къэралхэмрэ Скандинавымрэ къыщокӀыр. Къаукъазым адрей пабжъэхэм ядэкӀыгъу зэкӀокӀхэр Ӏуву, хэкӀыпӀэ имыӀу.
Ӏарысу зэрагъэкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Еуропэм мэракӀуапцӀэр губгъуэхэм куэду, кӀасу ягъэкӀкъым, ауэ Ишъхъэрэ Америкэм куэду къагъэкӀыр, ящэным шъхьакӀэ. Америкэ лъэпкъхэр: лъахъчэхэм ящыщ -
- «Crystal white» (имэракӀуэхэр хужьу)
- «Golden Cap» (имэракӀуэхэр гъуэжь-кӀынфӀу)
- «Seneca black»; «Garden black» (ямэракӀуэхэр къуафцӀу)
ЗэрагъэтӀысыр джылъэкӀэ иэ лабжъэ кӀымкӀэ къыхагъэкӀыр.