МэзкӀыкъыр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
МэзкӀыкъыр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: КӀыкъыр лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: КӀыкъыр лъэпкъыгъуэр
ЛӀэужъыгъуэ: МэзкӀыкъыр
Латин цӀэр
Prunella modularis obscura
Hablizi, 1783


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

МэзкӀыкъыр (лат-бз. Prunella modularis obscura) — кӀыкъыр лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэ къуэдзэщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ТеплъэкӀэ къызэрыкӀуэ дыдэщ. Щхьэр — щхъуэ-гъуэбжафэщ, тхыцӀащхьэр гъуабжэ-улъиящ, гъуабжэ-фӀыцӀафэ кусэхэр ирехыу. Жьэгъумрэ хулъащхьэмрэ щхъуабзэщ, ныбэ щӀагъымкӀэ гъуэжь-хужьыфэм хуэкӀуэжу.

Здэпсэур[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къаукъазым, Кърымым, Катпатхэм я мэзхэм къанэмыщӀауэ щопсэу КъухьэпӀэ Еуропэм, Азиэ ЦӀыкӀум, Къажэрым и ищхъэрэ-къуэкӀыпӀэм. Щогъуалъхьэ кхъуакӀэ мэзу зи щӀагъыр зэщӀэкӀахэм. Абгъуэ зыпищӀыхь хабзэр псей жыг мыинхэращ щӀыгум пэмыжыжьэу, жыглыцкӀэ и кӀуэцӀыр къырещӀыкӀыж. Зы гъэм щэ къышыраш къохъу. Къаукъазым щыӀэхэр лъэтэжкъым.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ӏусым хохьэ жылэ, пхъэщхьэмыщхьэ, бэдж, цӀыв, щыгъыныхь, нэщӀэпкӀэ.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.