Махатма Ганди
| Махатма Ганди | |
| хин.-бз. मोहनदास करमचंद गाँधी | |
| И лэжьыгъэр: | политикэм и лэжьыгъэлӀ, философ |
| Къыщыхъуар: | 1869 жэпуэгъуэм и 2 |
| Къыздэхъуар: | Порjajaj Гуджарат, Британиэм и Индиэ |
| Дунейм щехыжар: | 1948 мазаем и 30 (78 гъ.) |
| Дунейм здехыжар: | Ниу Дели, Индиэ |
| Къэрал зыщыщтэр: | Индиэ |

Мохандас Карамчанд Ганди е Махатма Ганди (хин.-бз. मोहनदास करमचंद गाँधी) — Индиэм и хуитыныгъэм къыдэшъхэм, къэзгъэжьахэм ящыщт Британиэшхуэм къыхагъэкӀыным шъхьэкӀэ. Хабзэ "зауэншу" (сатьяграха) еджу къыригъэжьам цӀыхуӀкуэд яуж ихьэт.
И тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ЛъэпкъкӀэ Мохандас кастэ вайшияхэм къахэкӀырт. Я унагъуэм хабзу хъуам амалыншэу пылъхэт, хуабжьу абым и анэ Путлибай щӀэлъыплът. ТхьэлъэӀухэр, бэрэскӀыхэр, вегетарианизм, тхьэтхылъ джыныр — ахэрат Мохандас и щӀэлэгъуэ зэманым зыпылътэр.
Илъэс пщӀыкӀуищ щырикъуам Мохандас и ныбжэгъу пщащэ Кастурбай къырагъэшащ. Я унагъуэм бынипӀлӀ ягъуэта, къуищ, ахэр: Харилал, Манилал, Рамдас, Девдас. И къуэ нэхъыжь Харилалыр унагъуэм иригъэкӀа, и къуэу къимылъытэу, и псэукӀэм папщӀэ — и щӀасэт: фадэ, къэкӀухьын, джэгун, зытӀощ диныр зэрихъуэкӀащ, сифилис къеузу илӀыкӀащ. Адрей и къуэ хъуахэр езыми и лэжьыгъэм пылъхэт.
Илъэс пщӀыкӀуибгъу щырикъуам Мохандас Лондон еджакӀуэ макӀуэр, йуристу къеухри Индиэм къегъэзэжыр 1891 гъэм. Хэгъэгум деж и лэжьыгъэм сэбэпышхуэ къызэрхуимыщӀам папщӀэ 1893 гъэм Мохандас Ипщэ Африкэм йожьэр. Абдежым щӀедзэ индиэхэм я пӀалъэм пылъын. Абдежым дей япэреуэ къегъэщхьэпэр сатияграха (зауэншэ пэщытыныгъэ). И дуней тетыкӀэ-гупшысэгъуэм мыхьэнэ куэд хэзылъхьар тхылъ Бхагавадгита.
Индиэм и хуитыныгъэ щӀэдзэгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Индиэм и хуитыныгъэм щыпылъ зэманыгъуэм Махатма къигъэщхьэпар сатияграха, абым хуэду: индиэ жылэм Британиэ къыраш хьэпшыпхэр къамыщэхуэу, къамгъэщхьэпэу, абым нэхъыбэу Британиэм и хабзэ бжыгъэм ебакъуэхэу, къамылъытэхэу.
Нэхъыщхьэу а лэжьыгъэм къилъытэтэр:
- Британиэ щӀыхьхэр индиэхэм къамыштэну (яӀэхэр ятыжыну)
- ХабзэдэгъэкӀ Хасэм и хэхыгъэм жылэр хэмыхьэну
- Хейхэм, ӀэнатӀэгъуэхэм, инджылыз егъэджапӀэхэм Ӏумыхьэну/щымыӀэну
- Еуропей щыгъынхэр зэрамыхьэну
- Цей щэкӀым нэхъыбэу пщӀэ хуэщӀын
- Уасэ мытын
Сын хуашъахэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Радж Гхат
- Махатма Ганди и мемориал АШЗ-м
- И сыну, мемориалу къэлэ бжыгъэм, къэрал бжыгъэ дуней псом идежь: Нию-Йоркым, Сан-Франсискэм, Мэзкуум, Лондоным пэмыкӀ бжыгъэхэм.
И псалъэ цӀэрыӀуэхэм ящыщ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]"ЯпэкӀэ укъалъытэкъым, тӀанэ къыпщодэхьэшххэ, яужкӀэ къозауэхэ. ИкӀэм уэ уатокӀуэ."
"Дунейм и инагъыр ирокъур цӀыху къэс зыхуэныкъуэр игъуэтыфын, ауэ цӀыкӀущэ, цӀыхухэм я нэпсеягъэр ирригъэкъун"
ПэмыкӀхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Gandhi IMDB - м
- Hey Ram IMDB - м
- Махатма Ганди проэктым «Зэуэншэ»
- Ганди теухуа напэкӀуэцӀ (урысыбзэкӀэ)
- Ганди и сурэт
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ къэрал цӀэрыӀуэ цӀыхум тепсэлъыхь. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |