Эскиндарышхуэ
Македониэм и Эскиндар Ἀλέξανδρος ὁ Μέγας | ||||
Эскиндарышхуэм и сурэт, Археологиэм и Музэй, Неаполя | ||||
| ||||
---|---|---|---|---|
336 гъэ Иса ыпэу — 323 гъэ бадзэуэгъуэм и 10 Иса ыпэу | ||||
Япэ итар: | Филипп II | |||
Яуж ихьэр: | Филипп III Аридей | |||
Адэр: | Филипп II | |||
Анэр: | Олимпиадэ | |||
Шъхьэгъусэр: | 1) Роксана 2) Статира 3) Парисат | |||
Быныр: | Геракыл (Барсина ей) Александыр (Роксаны ей) | |||
Македониэм и Эскиндар е Македониэм и Александыр (пэсырей алыджыбзэкӀэ Ἀλέξανδρος, лат-бз. Alexander Magnus 356-323 гъэхэм ди лъэхъэнэхэм я пэ) - Македониэм и пэштыхь, дзэзэшэ, дунейпсо къэрал хэзылъхьа. Тхыдэм зэрхэтыр Эскиндарышхуэ хуэду.
Гъашъэтхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Эскиндарыр 356 гъ. мэкъуауэгъуэм и 21 ди лъэхъэнэхэм япэм къэхъуа, Македониэм и къалэ нэхъышъхьэ Пеллэм, и адэ-анэр - македониэ пэштыхь Филипп II-мрэ эпир пщыпхъу Олимпиадэмрэ. Езы Эскиндарым хабзэкӀэ и лъэпкъыр къызхигъэкӀтэр хъыбарыжъхэм яхэт Геракылым, Аргос пщыхэмкӀэ ирипху ар, македониэ япэрей пэштыхь Караныр къахэкӀа хуэду.
И сэбиигъуэм щыкӀэдзауэ ӀэнатӀэгъуэм, дипломатиэм, зауэм хуеджэт. А ныбджым щыкӀэдзауэ адрейхэм ямыхьчу щыттджэгухэм макӀыу хэту, млъкум емыгубшысу зэтеубыдауэ щытт, ауэ, и адэм и цӀэрыӀуэгъуэм ефыгъуэт, зекӀуэ бэлъыхьхэм хэтыным егушыпсу. И адэм етӀуанэ фыз къичауэ иричыжьу здызэхэсхэм и шъхьэхъумэхэм я щыщ зыр теуэри иукӀа, и пӀэм иувэнм шъхьэкӀэ зэпэубыдыгъуэ ежьа, теувэфынухэтэр нэрыбгитӀ - Эскиндар, иригъэкӀыжьа Олимпиадэм и къуэр, Арридей - тӀуанэ къимыча бзылъхугъэм и къуэ. Македониэм и дзэм хихар Эскиндар, зауэхэм зэр хэтымкӀэ фӀыуэ къацӀыхуауэ. Апхуэду, илъэс 20 щырикъум Эскиндарыр пэштыхь хъуа.
Къажэр зекӀуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]334 гъ. ди лъэхъэнэхэм япэм, Антипарыр Еуропэм и тхьэмаду къегъанэ дзэ дэкӀыгъуи (1500 шууэ, 12 мин лъэсу) езы Эскиндарыр Македониэм, Алыджым, фракийхэм я дзэ зэгуэтхэр джоуэ игъусу къажэр-зекӀуэ йожьэ.
Япэрей зауэр къажэрхэм здаритар Троэм ипэмыджыжьу Граник и псыхъуэм идежь. Абым щыкӀэдзауэ Мысырым нэс Эскиндар зы къалэ, зы быдапӀэ къимыгъану нэса псори иубыдурэ. Мысырым къалэ Эскиндариэ хелъхьэ, и ӀэнатӀэгъуэр шӀыпӀэ иубыдахэм лъэшу трегъэувэри къажэр пэштыхь Дариир иубыдыну гугъэ ешъыр, Азиэми нэхъ кууэ и шӀыпӀэхэм хэхьэн, япэреуэ алыджхэр здэщымыӀэхэм.
331 гъ. ди лъ. япэм, гъэмахуэм Эскиндарыр къэжэрхэм я къэралукум нэса, губгъуэшхуэм дзэшхуэ шууэ нэхъыбу зэхэтху Дариир ежэт македонхэм я дзэм. 331 гъэм и джэпуэгъуэм ди лъ. я. Гаугамелэ и зауэшхуэр екӀуэкӀа, къажэрхэмрэ, лъэпкъ я ӀэнатӀэгъуэм кӀэтхэмрэ я дзэхэр здызэгуаудам. Зауэр екӀуэкӀыху, зэриухынум иджыри хэшъыкӀыгъуэ имыӀа кӀышъэ Дариир хэкуэсыкӀри хэкӀа (яужым дариир и дзэзэшэ дэкӀыгъуам я зым иукӀа). А зауэхэм яуж Эскиндарыр Вавилонымрэ Сузэхэмрэ ихьэ, къэрал иубыдам и пэштыхь хуэду.
Абым яуж илъэс зытӀущ къыкӀэлъыкӀуам шъэхугъэ зытӀущ къыкъуэкӀа, Эскиндарыр яукӀыну гугъауэ, япэрем лажьэр зытехуар дзэзэшэ Филотэм, и лажьэр къилъытэн имыдурэ сыт ирамышъами яужым яукӀа, и адэ Парменионри Эскиндарым кӀэлъигъэкӀуа. ЕтӀуану шъэхугъуэ къыкъуэкӀар шъауэ унэӀутхэм яшъар, абым хэтахэм щымыхъукӀэ пэмыкӀыуи тхыдэ-лэжьыгъэ Каллисфенри яукӀа, пэштыхьым псалъэ сыт щыгъуи пэзыдзэтэм, хабзэ зэхъуэкӀыныгъэ иригъэкӀуэкӀхэм тепсэлъыхьт.
Азиэ Курытымрэ Индиэмрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къажэр империэр иубыда яуж, куэй гуэтахэм шъхьэщыта пщыхэр хуит хъуаху къалъыта. Эскиндар губзыгъэгъэ зыхэлъ лъэпкъухъуар иубыдын зигугъам Курит Азиэм щыщ зекӀуэ бжыгъэхэм хэхьэн хуэя хъуа, илъэсищкӀэ екӀуэкӀахэм.
ЗекӀуэ къыпэщылъху иригъэкӀуэкӀхэтэри япэрейхэм ехьчу щытхэтэкъым, лъэпкъ зэхэкӀхэтэр и дзэр, зэрызхурэ, гуп цӀыкӀуху теуэ загъэпшкӀужьхэт, къэрал иубыдауэ игугъэхэтэм аткӀэмыкӀыу зыкъэӀэтыгъэ ирагъэкӀуэкӀт, Эскиндарым и къытехьэгъуэкӀэ гуп игъакӀуэхэр а зыкъэӀэтыгъэхэр ягъэбэяуным шъхьэкӀэ хьэблэхэр псоуэ хагъэкӀуэадэт. А зауэхэр здекӀуэкӀхэтэр Бактриэмрэ Согдианэмрэ (иджырей Афганистэн, Таджикистэн, Узбэчыстэн).
Сагдианэм дежь Эскиндарым скифхэм я дзэр зэгуиудэ, ипэкӀэ псоми ятэкӀуэфу къалъытэтэр. Бактриэмрэ Согдианэмрэ я джылэр, Эскиндарыр къынэсу щашъэм дежь къуршхэм хэт быдапӀэхэм дэтысхьэхэр, ӀухьэпӀэ-убыдыпӀэ ямыӀу, ауэ, Эскиндарым тӀум щыгъуи иубыдхэт къэрукӀэ мыхъуми акъылымкӀэ.
Согдианэм дежь къалэ Эскиндариэ Эсхата хилъхьа (иджырей Худжанд), Бактриэм Арахосиэм и Эскиндариэ хилъхьа (иджырей Кандагар). Абдежьым, Бактриэми фыз къича Роксана.
326 гъ. ди лъ. я. Согдианэмрэ Бактриэмрэ я джылэ псоуэ къэнахэм Эскиндарым и ӀэнатӀэгъуэм кӀэхьахэ. А гъэдыдэм и гъатхэм Эскиндарыр Бакриэ лъэныкъуэмкӀэ индиэ лъэпкъхэм я хэкухэм йохьэри лъэпкъ бжыгъэхэр еубыдыр.
326 гъ. и мэкъуауэгъуэм ди лъ. я. Гидасп и псыхъуэм идежь Эскиндарым поувэ пэштыхь Порыр, и дзэм пэмыкӀыу иджыри пыл 200 игъусу. А зауэм Эскиндарыр токӀуэ Порым и дзэр зэгуиудауэ, езы пэштыхьыр Ӏэрубыд хъуауэ. Эскиндарым Порыр пэштыхьу къигъэна, и хапӀэхэри хигъэхъуэнымкӀэ дэӀэпыкъуауэ. А гъэм Эскиндарым къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ и пхырыкӀыныр увэӀа. Гангым и зэпрыкӀыпӀэм македониэ дзэм идакъым и пэштыхьым кӀэлъыкӀуэн. Ар зтеухуатэр зэрезэчахэм, зекӀуэ кӀыхьым хэтхурэ икӀэр къыщысынум зыми зымыцӀыхутэм. Ауэ Ӏохур зытеттэр пэжкӀэ псалъэ къежьауэ джылэм хэттэр - Ганг и пэмыкӀ Ӏуфэм дзэшхуэхэр яжу, пыл минхэр яхэту. Эскиндарым и пагагъэ ебыкъу игъэзэжьын хуэй хъуа.
Гашъэр зэриухар
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]324 гъ. ди лъ. я. Эскиндарыр и дзэр дэкӀыгъу къалэ Сузэхэм ихьэ, абдем езыми и дзэми зыгъэпсэхуным зырата, илъэсипшъ зекӀуэм хэта яуж.
323 гъ. ди лъ. я. Эскиндарыр Вавилоным йохьэ, абдежьым унафэхэр ешъыр зекӀуэ кӀэхэр зэрригъэкӀуэкӀыным пылъу. Махуитху зекӀуэ ежьэным къэнэжьауэ сымаджэ мэхъур хьэлъу, махуипшъкӀэ узыр къехьэлъэкӀа яуж Эскиндарыр дунем ехыжьа илъэс 32 иту, и къэралри къызхуигъанэм унафэ имышъауэ.
Къэрал къэнар бжыгъу зэхагъэкӀа и дзэзэшэхэм, яужым зауэ бжыгъэм хэтахэр я ӀэнатӀэгъуэ гуэшыным шъхьэкӀэ. Дзэзэшэ Птоломейм Эскиндар и хьэдэр лъыгъэкӀэ еубыдри 322 гъ. ди лъ. я. Мысырым ечэ Мемфис къалэм, яужым Эскиндариэм, абдежьым хьэдэм шъхьэкӀэ мавзолеи ешъыр.
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Эскиндар и хронологиэр (индж.)
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ къэрал цӀэрыӀуэ цӀыхум тепсэлъыхь. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |