КӀыгуугу лъэпкъыр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
КӀыгуугу лъэпкъыр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: КӀыгуугу теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: КӀыгуугу лъэпкъыр
Латин цӀэр
Cuculidae Vigors, 1825


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 177820
NCBI 8941

КӀыгуугу лъэпкъыр (лат-бз. Cuculidae) — мыбы къызэщӀеубыдэ зи инагъкӀэ курыт къуалэбзухэр.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ТеплъэкӀэ нэм зыкъыщӀадзэкъым, хъухэмрэ анэхэмрэ зэхэгъэкӀыгъуейщ, лъэпхъуамбэ плӀырыплӀхэщ, тӀурытӀу зэпэщӀэхауэ, я пэр мащӀэу гъэшауэ, жабгъуэхэщ.

Шэныр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

КӀыгуугу лъэпкъым иӀэщ зи шырхэр езыр-езыру къизышыжхэри, езыр гъуэлъхьэж пэтми хамэ абгъуэхэми джэдыкӀэ щэхуу якӀэщӀэзылъхьэхэри, е къанэ щымыӀэу зи быныр нэгъуэщӀ къуалэбзухэм къырезыгъэш, езыгъэпӀ лӀэужьыгъуэхэри.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Лъэпкъым къызэщӀиубыдэ къуалэбзу псоми я Ӏусым псэущхьэ нэмыщӀ хэхьэкъым: гъудэбадзэ, абыхэм я хупсхэр. Ар къыщагъуэт жыгыщхьэхэм, чыцэ къудамэхэм, щӀыгум щылъыхъуэр зэзэмызэ дыдэщ.

ЗэхэгъэкӀыгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

КӀыгуугухэр лӀэужьыгъуи 130-рэ мэхъу, лъэпкъы къуэдзиху, ахэр:

Лъэпкъ къуэдзэ Cuculinae

Лъэпкъ къуэдзэ Phaenicophaeinae

Лъэпкъ къуэдзэ Centropodinae

Лъэпкъ къуэдзэ Coccyzinae

Лъэпкъ къуэдзэ Crotophaginae

Лъэпкъ къуэдзэ Neomorphinae


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.