КӀуэкӀуэ Валерэ
КӀуэкӀуэ Валерэ, Мухьэмэд и къуэ | |
И лэжьыгъэр: | къэрал лэжьакӀуэ, КъБР-м и Президент |
Къыщыхъуар: | 1941 жэпуэгъуэм и 18 |
Къыздэхъуар: | Къруукъуэ, КъБР, Урысей |
Дунейм щехыжар: | 2005 жэпуэгъуэм и 29 (64 гъ.) |
Дунейм здехыжар: | Мэзкуу, Урысей |
Къэрал зыщыщтэр: | РССЗ, Урысей |
КӀуэкӀуэ Валерэ, Мухьэмэд и къуэ - адыгэ къэрал лэжьакӀуэ цӀэрыӀуэ, КъБР-м и япэ Президент.
КъБР-м, УФ-м я политикэ, экономикэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэхэм хуищӀа хэлъхьэныгъэм къалъыту къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапӀэ куэд: «Хэкум и пащхьэм щиӀэ фӀыщӀэхэм папщӀэ» орденым и II[1], III[2] нагъыщэхэр; ГуащӀэдэкӀым и Бэракъ Плъыжьым, «ЩӀыхьым и Дамыгъэ», Зэныбжьэгъугъэм[3], Жэпуэгъуэ Революцэм я орденхэр.
Биографиэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]КӀуэкӀуэ Валерэ 1941 гъэм Къруукъуэ къалэм къыщалъхуащ.
Курыт школыр къиуха нэужь, абы агроном ӀэщӀагъэмкӀэ щӀэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ КъБКъУ-м.
1964 гъэм КӀуэкӀуэм лэжьэн щыщӀидзащ Бэхъсэн щӀыналъэм щызэхэт «Трудовой горец» колхозым.
1970 гъэм Мэкъумэш хозяйствэм и экономикэмкӀэ Союзпсо щӀэныгъэкъэхутакӀуэ институтым и аспирантурэр Мэзкуу къыщиухри, ар лэжьакӀуэ ирагъэблэгъащ КъБАССР-м Мэкъумэш хозяйствэмкӀэ и министерствэм и къудамэм и унафэщӀу, иужькӀэ «Лэскэн» совхозым и директор ящӀащ.
1974 гъэм къыщыщӀэдзауэ илъэси 9-кӀэ КӀуэкӀуэ Валерэ Аруан куейм и Ӏэтащхьэу лэжьащ.
Къэралыр щытыкӀэ гугъум щихуа 90 гъэхэм ирихьэлӀэу КӀуэкӀуэ Валерэ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и тхьэмадэт. Республикэм къыщыхъуа зэпэщӀэувэныгъэр игъэупщӀыӀун папщӀэ хэкӀыпӀэхэр къигъуэтащ. МазиплӀ нэхъ дэмыкӀыу хахащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президенту.
1997 гъэм етӀану, 2002 ещану хахащ КъБР-м и Президенту.
2005 гъэм, жэпуэгъуэм и 29 дунейм ехыжащ.
КӀуэкӀуэ Валерэ пщӀэшхуэ щиӀащ Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысей Федерацэми. УФ-м ФедерацэмкӀэ и Советым и УнафэщӀым и къуэдзэу, Къэрал Советым хэту, ар жыджэру хэлэжьыхьащ мыхьэнэшхуэ зиӀэ Ӏуэхухэр зэфӀэхыным, цӀыхубэм я сэбэп зыхэлъ унафэхэр къэщтэным икӀи гъэзэщӀэным.
Унагъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щхьэгъусэ Виолеттэ, Таубий ипхъу; и къуэ Къэзбэч, и пхъу Лэрисэ. [4]
Гулъытэгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ↑ Указ Президента Российской Федерации от 9 мая 2005 г. № 533
- ↑ Указ Президента Российской Федерации от 15 октября 2001 г. № 1226
- ↑ Указ Президента Российской Федерации от 25 марта 1994 г. № 579
- ↑ Коков Валерий Мухамедович, «Кавказский узел». (урыс.)