Къэргъей

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къэргъей
Къэргъей
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къэргъей теплъэхэр
Лъэпкъ: Къаргъей лъэпкъ
Лъэпкъыгъуэ: Къаргъейхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къэргъей
Латин цӀэр
Falco peregrinus Tunstall, 1771
И щӀыпӀэр
сурэт
    здэгъуэлъхэр
    щӀымахуэр здахьыр
    илъэспсом
    ӀэпхъуэжыпӀэхэр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175604
NCBI 8954
Falco peregrinus
Falco peregrinus madens

Къэргъе́й (лат-бз. Falco peregrinus) — щакӀуэ бзу. И цӀэджэгъу лъэпкъым щыщщ.

ТхыцӀэр щхъуэ-гъуабжафэщ теплъэ зэхуэмыдэхэр къащтэу, щӀыхуфэ кусэхэр хэгъэтӀысхьауэ. Къабзий пхъашэхэр фӀыцӀэ-гъуабжафэщ, гъуафэ е гъуэжьыфэ кусэхэр зэпырыкӀыу. НэщӀащэ щӀагъыр жьэгъум хуэкӀуэжу фӀыцӀэщ. КӀэ бзийхэр фӀыцӀэ-гъуабжэщ, кусэхэр зэпырыкӀыу хэлъу. Ныбэ щӀагъым нэхъ хужьыфэ къыщӀоуэ. Бгъэмрэ хулъащхьэмрэ ӀэпапӀэ хуэкӀыхьхэр хыболъагъуэ. Анэм и тхыцӀэр нэхъ фагъуэщ, ауэ ныбэ щӀагъыр нэхъ кусэу зэхэпхъащ.

Мы къэргъей лӀэужьыгъуэр, Къаукъазым къинэмыщӀауэ, щӀыпӀэ бжыгъэ дыдэм щопсэу. Нэхъыбэу къаущэкӀу лъэтауэ ялъагъу къуалэбзухэр. Абы папщӀэ и щэкӀуапӀэр мэз лъапэ, губгъуэ, псыхъуэхэращ.

Абгъуэ щещӀ абыхэм я гъунэгъу къырхэм, мэзхэм деж щӀылъэм, уеблэмэ унащхьэхэм.

ИщхьэрэмкӀэ щыӀэхэр мэлъэтэж, Къаукъазым хуэдэ щӀыпӀэхэми щӀымахуэми Ӏэпхъуэурэ щопсэу


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.