Къэлэрдэгу

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къэлэрдэгу
Къэлэрдэгу, къэкӀыгъэщӀэныгъэ тхылъымкӀэ зэхэхауэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ: Захуэ
ХэкӀыгъуэ: Asparagales
Лъэпкъ: Ruscáceae
Лъэпкъыгъуэ: Къэлэрдэгу
Латин цӀэр
Convallaria majalis


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 42908
NCBI 16053

Къэлэрдэгу (лат-бз.: Convallaria majalis, ур-бз.: Ландыш майский) — удз-къэкӀыгъэ, АӀуудзхэм ящыщ.

ЗэрзэфӀэтыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Илъабжъэр шӀыкӀагъым кӀэпшу щыт, жэпкъыр къыздыхэкӀым щыкӀэдзауэ тхьампэ къыпедзэ, шӀым ныкъуэкӀэлъху. Абыхэм яужым иту тхьампитӀ (макӀыу 3) къыдожхэ - удзыфу, ину, бгъуэуэ, цӀанлъу я кӀэр памцӀу щыту. Тхьампэхэм я зэхуакум, лъабжъэм идежь гулъ ин дэлъ. Япэрей тхьампэм, илъапэмкӀэ тъампу хъуар зыубыдым ибгъумкӀэ гъэч къыдедз 6 - 20 хуэдиз гъагъэ пыту, псори зы лъэныкъуэм хуэгъэзауэ щыту.

Лъабжъэр жгъеуэ щыт ауэ куэду зэкӀокӀхэр.

Гъагъэхэр зыпыт гъэчыр тхьампэншу щыт иэ гъагъэр къыздыпидзэм идежь жгъеуэ къыдедзыр.

Езы гъагъэхэр хъуреуэ щытхэ, я фэр хужьу, макӀыу плъыжьыху щыту, ябгъумкӀэ гъэчауэ, дэгъэзеяуэ тхьампэ хырых япыт. Щыгъагъэр накъыгъэм мэкъуауэгъуэм.

КъыздэкӀыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къэлэрдэгур къыздэкӀыр Еуропэ псом ( Къаукъазыр хиубыду ), Азиэ ЦӀыкӀур, Китайр, Ишъхъэрэ Америкэр джоуэ хеубыдэ.

Урысейм еуропэ лъэныкъуэ псом, Сыбырым, КъуэкӀыпӀэ Джыжэм.

КъыздэкӀыр нэхъыбэм мэздэгухэм, мэзым хэт губгъуэхэм, мэзым ежэх псыхэм я Ӏуфэхэм ( нэхъ кӀасу ). Зэран здыхуэмыхъухэм куэду зэкӀэкӀокӀыр.

Хадэ лъэпкъ къыхагъэкӀахэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • "Flore Pleno" иэ "Flore Plena"
  • "Albostriata"
  • "Aureovariegata"
  • "Berolinensis"
  • "Latifolia"
  • "Grandiflora"
  • "Picta"
  • "Prolificans"
  • "Rosea"

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]