Къумкъанжэ
Appearance
Къумкъанжэ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Podoces panderi Fischer-Waldheim, 1821 | ||||||||||||||||
|
Къумкъанжэ (лат-бз. Podoces panderi) — вынд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]И инагъэкӀэ курытщ, бзугъуабжэм хуэдизынщ. И теплъэр нэхъыщхьэу щхъуафэщ, пэм къыщыщӀэдзауэ и нэм нэс кусэ фӀыцэ ирокӀуэ. Хулъэр фӀыцӀэщ, бгъэгумрэ ныбэ щӀагъымрэ гъуэжьыфэ къащӀоуэ. Дамащхьэхэр щхъуафэщ хужь, фӀыцӀэ кусэхэм зэпаупщӀу къеху. Лъакъуэ кӀыхьщ, пэ лъэщ инщ мащӀэу гъэшауэ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Азиэ Курытым и къумылъэхэм щопсэу, чыцэ зэрызхэр здит джабэ лъапэхэм. Лъэтэжкъым. Абгъуэ иныр пабжьэм хещӀыхьыр, м.1,5 Ӏэтауэ. ДжэдыкӀи 4-6 егъэтӀылъ, махуэ 16-19 яуж тесауэ анэм къреш. АпщӀэндэху хъум ар егъашхэ.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ешх хьэпщхупщ, бэдж, цӀыв, абыхэм я хупсхэр, шындырхъуо цӀыкӀухэр, къум къэкӀыгъэхэм я жылэхэр.
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |