КъардэнгъущӀ Зырамыку
Мы напэкӀуэцӀыр зэхагъэхьэну мыхьэнэ иӀэКъардэнгъущӀ, Зырамыку . Ар къызхэкӀымрэ абы тепсэлъыхьынымрэ — напэкӀуэцӀым [[Википедиэ:Зэхэгъэхьэн/ Frhdkazan (talk) 13:00, 2 Накъыгъэм и 2017 (MSK) ]]. Тепсэлъыхьыныр зы тхьэмахуэ йокӀуэкӀ (иэ нэхъыбэ, хому кӀуэмэ). Тепсэлъыхьын щыкӀэдза махуэр — Frhdkazan (talk) 13:00, 2 Накъыгъэм и 2017 (MSK) . Тепсэлъыхьыным хуэмыныкъуэмэ (занкӀыу шъын хуэймэ), къэгъэсэбэп нэмыщӀ шаблонхэр. |
КъардэнгъущӀ Зырамыку, ПӀатӀурэ и къуэ | |
И лэжьыгъэр: | тхакӀуэ, этнограф, уэрэджыӀакӀуэ |
Къыщыхъуар: | 1918 мазаем и 10 |
Къыздэхъуар: | Псыгуэнсу, Тэрч область, Урыс Пащтыхьыгъуэ |
Дунейм щехыжар: | 2008 дыгъэгъазэм и 25 (90 гъ.) или 2009[1] |
Дунейм здехыжар: | НалщӀэч, КъБР, Урысей |
КъардэнгъущӀ Зырамыку, ПӀатӀурэ и къуэ — адыгэ тхакӀуэ, этнограф, уэрэджыӀакӀуэ. КъБР-м и цӀыхубэ артист, КъБР-м, АР-м гъуазджэмкӀэ, щэнхабзэмкӀэ щӀыхь зиӀэ я лэжьакӀуэ, КъБР-м и Совет нэхъыщхьэм и Президиумым и щӀыхь тхылъыр тӀо зыхуагъэфэща.
Биографиэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]КъардэнгъущӀ Зырамыку 1910 гъэм Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ, ауэ илъэс ныкъуэ мыхъуа щӀыкӀэ и адэр, илъэс 11 иримыкъуа щӀыкӀэ и анэр фӀэкӀуэдащ. Адэ-анэншэу къэна щхьэкӀэ зеиншэ хъуакъым – и къуэш нэхъыжь Мурид зришалӀэри ипӀыжащ, гъуэгу захуэми тригъэуващ.
Псыгуэнсу къуажэ еджапӀэм классибл къиуханэужь Мэзкуу Лунэчарскэм и цӀэр зезыхьэ ГИТИС-м щӀэтӀысхьащ, Сталиным и стипендие къырату еджащ.
1940 гъэм Зырамыку актеру мазитху фӀэкӀа мылажьэу Дзэ плъыжьым къулыкъу щищӀэну яшэ. Десант бригадэм хэту Борисполь къалэм къулыкъур щрихьэкӀыу 1941 гъэм Хэку зауэшхуэм щӀедзэ. А гъэ дыдэм КъардэнгъущӀыр зыхэт дзэр фашистхэм къаухъуреихь, Зырамыку уӀэгъэ хьэлъэ мэхъури гъэрыпӀэм йохуэ. 1944 гъэм Зырамыку дзэм хохьэж, Хэку зауэшхуэм и ордени къырат.
1949 гъэм Шортэн Асчэрбий ӀуэрыӀуатэ зэхуэхьэсыным хешэ, ди щӀэныгъэхутэ институтым я экспедицэхьэм хэтщ. 1941 гъэм иужькӀэ КъБНИИ-м адыгэбзэкӀэ къыдигъэкӀа ӀуэрыӀуатэ тхылъхэр Шортэнымрэ КъардэнгъущӀымрэ здащӀа лэжьыгъэщ.
1950 гъэм къыдэкӀа «Нартхэр» тхылъым и макетыр зэхалъхьэ КхъуэӀуфэ Хьэжбат, БищӀо Аслъэн, Албэч Ӏэуес, КъардэнгъущӀ Зырамыку сымэ.
1981 гъэм профессор Гиппиус и редакцэм щӀэту антологием и томиплӀ къыдэкӀащ, абы хыхьэу уэрэд макъамэхэу 414–м щыщу КъардэнгъущӀым жиӀэу ятхыжа уэрэдыр 45 мэхъу, езым къилъыхъуэжурэ магнитофонкӀэ итхыжауэ хэтыр 118 мэхъу.
Адыгэ уэрэдыжьыр къиӀэтыжу, радиом, телевидением, концертхэм щӀэзыхьар КъардэнгъущӀ Зырамыкущ. Ар Зырамыку и Ӏуащхьэмахуэхэм язщ.
2008 гъэм, дыгъэгъэзэм и 25 НалщӀэч дунейм щехыжащ.
Унагъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]И щхьэгъусэр Къуралей Зулихъан, къуэ къыхуилъхуащ. [2]
Уэрэдхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Сэрмахуэ КъардэнгъущӀ Зырамыку (зыусар Абазэ Къамбот)
Андемыркъан и уэрэд КъардэнгъущӀ Зырамыку
Хьэтх Мыхьэмэт и уэрэд КъардэнгъущӀ Зырамыку
Гулъытэгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ↑ Identifiants et Référentiels — ABES, 2011.
- ↑ Штрихи к портрету Зарамука Кардангушева. (урыс.)