Jump to content

Абазэ Къамбот

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Абазэ Къамбот, Мусэ и къуэ
И лэжьыгъэр: джэгуакӀуэ, уэрэдус, шыкӀэпшынауэ
Къыщыхъуар: 1837(1837)
Къыздэхъуар: Ботэщей, Адыгэ Хэку
Дунейм щехыжар: 1900(1900)
Къэрал зыщыщтэр: Адыгэ Хэку, Урыс Пащтыхьыгъуэ


Абазэ Къамбот, Мусэ и къуэ (1837 - 1900[1] | дунейм здехыжар = ) — джэгуакӀуэ, уэрэдус, шыкӀэпшынауэ.

Абазэ Къамбот 1837 гъ. Ботэщей (иджы Плановскэ зицӀэм) къыщалъхуащ. КъызыхэкӀар уэркъ лъэпкъщ. Уэркъ щхьэкӀэ, пщылӀыншэ лъэпкъти, лажьэрэ шхэжу псэурт. ДжэгуакӀуэм и гъащӀэм щыщу дызыщыгъуазэр икъукӀэ мащӀэщ.

Мэдрэсэи урыс еджапӀи щӀэмыхьауэ къоӀуэхур. ДжэгуакӀуэ къэзыкӀухьхэм ягъэсати, и гъусэхэр къыщеджэм деж, дэкӀуэсыкӀырт е и лэжьакӀуэгъухэм ящыхьэ хуэдэ зищӀт аби ежьэрт, гупым яхэту Къаукъаз гупэр къыкӀухьырт, лъэпкъ-лъэпкъхэм яхэхьэу – езым осэтиныбзэрэ нэгъуеибзэрэ ищӀу къаӀуэху. Зыкъомрэ Агънокъуэм и джэгуакӀуэгъуу щытащ. Абы и нэгу щӀэкӀащ Къаукъаз зауэр, пщылӀӀугъэкӀыр, урысей хабзэмрэ псэукӀэмрэ хэкум зэрыщыувыр.

Ипхъухэр уэркъми лъхукъуэлӀми яритырт, зэхэгъэж имыщӀу. Дэтхэнэ джэгуакӀуэми хуэдэу гушыӀэшхуэ хэлъащ. ЗэрыжаӀэмкӀэ, Къамбот етӀощӀанэ лӀэщӀыгъуэр къихьагъащӀэу дунейм ехыжащ, щӀыӀэ уз къыпкъырыхьэри. Абы зэхилъхьэу щытащ гъыбзи, гушыӀэ уэрэди, тхьэусыхафи, уси.